«Фи Iэр зэрымыубыдмэ, гуапэу фызэхущымытмэ, лъэпкъым къэкIуэн иIэнукъым»

 Налшык мазитIым щIи­гъуауэ зыщызыгъэпсэху, Сирием и дамыгъэ нэхъ лъапIэу щыт «Республикэм и ЛIы­хъужь» орденыр зыхуагъэ­фэща, генерал Чэпай Алаудин иджыблагъэ ди редакцэм ­къеблэгъати, и гурыгъу-гу­ры­щIэхэм ди гуапэу зыщыдгъэгъуэзащ. Псом нэхъыщхьэу абы и псалъэхэм къыхэщыр «СхузэфIэкIыху, Хэкум сыкъэкIуэжынущ» зэрыжиIэрщ.

- Алаудин, адыгэбзэр фIы дыдэу зэрыпщIэм занщIэу гу лъыстащ. Уи гъащIэр къызэ­рекIуэкIам дыщыбгъэгъуэ­зэн?
- Къэбэрдейхэр щхьэхуэу ­Хэкум щыпсэумэ, адыгейхэр Мейкъуапэ щыIэмэ, дэ Сирием щыIэхэр псори сыт щыгъуи дызэхэтащ: бжьэдыгъури, къэ­бэрдейри, абазэхэри. Абы къы­хэкIыу дэтхэнэри фIыуэ къыз­гуроIуэ. Си гъащIэр зэпхауэ щытар дзэ Iуэхурщ. Сирием и Дзэ-хьэуа къарухэм сыхэтащ, кхъухьлъатэзехуэу сылэжьащ. 1967 гъэм журтым Джолан лъагапIэр щиубыдам къулыкъу есхьэкIырт. А зэманым си ныбжьыр илъэс 26-рэ хъуат, сы­лейтенант нэхъыжьт. Зауэр щекIуэкIым, къэралым унафэ къыдигъэкIат бийм и кхъухь­лъатэу 5 къезудыхым «Сирием и ЛIыхъужь» цIэр зэрыфIащынум теухуауэ. Къапщтэмэ, а бжыгъэм нэхъыби къезудыхат. Арати, а дамыгъэри къыза­-тащ, майори сыхъуащ. Псори зэхэту дзэм илъэс 42-кIэ сы­хэтащ. Генерал сыщыхъуам, си ныбжьыр илъэс 43-рэ ирикъуат. 
- А IэщIагъэр дауэ къыхэпхат? 
- Кхъухьлъатэзехуэ сыхъу­-ным пасэу сыдихьэхащ. Джолан лъагапIэхэр зэгуэр къытIэ­рыхьэжыным сыщIэхъуэпсу зэ­рыщытари абы и зы щхьэусы­гъуэхэм ящыщу къыщIэкIынщ. Си сабиигъуэм адыгэхэр ды­дэсу щытащ Джоланым щыIэ Эйн-Зиван жылэ цIыкIум. Аращ сыкъыщыхъуар. Къуажэ цIы­кIум дзэм къулыкъу щызыщIэ щIалэ нэхъыжьхэр (си Iыхь­- лыи яхэту) куэду къыдэкIат. Абыхэм садэплъейрт, я фащэм, я зыIыгъыкIэм сыдихьэхыт, апхуэдэуи кхъухьлъатэхэр уэгум зэритыр сфIэ­телъыджэу, сехъуапсэрт. ­Школым сы­щы­щIэсым кхъухь­лъатэхэм я сурэт сщIыуэ щытащ, нэхъ балигъ сызэрыхъуу, сыкIуащ абы сы­хуеджэну. 
- Сирием щыIэ адыгэхэр ­дауэ псэурэ? Къулыкъу лъагэхэр куэдым зрагъэгъуэтыф­рэ?
- Адыгэр дэнэ щыIэми, зыхэтым фIыкIэ къахощ. Ар лъэпкъым и лъым хэту аращ. Дзэм къищынэмыщIа, нэ­гъуэщI IэнатIэхэми къулыкъуш­хуэхэр щаIыгъщ. Сирием лъэпкъ куэд щызэхэсщ: адыги, хьэрыпи, ермэлыи, нэгъуэщI­хэри. Тэмэму псори дызэгуроIуэ, дызэдолажьэ. Ауэ 2011 гъэм зауэр къэхъея нэужь, адыгэ куэд Сирием икIыжащ, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр. Ахэр щызэбгрыкIащ Тыркум, Иорданием, Германием, Канадэм, Финляндием - едапщанэрэ адыгэм и натIэ хъурэ Iэпхъуэн хуейуэ?!
- Адыгэ хабзэхэр дауэ фхъу­мэрэ?
- Зыри дгъэкIуэдакъым. Адыгэ фащэри, къафэри, ­джэгури - псори диIэщ. Адыгэ Ха­сэ­хэм анэдэлъхубзэр щрагъэдж, зэрыхъукIэ, ди щэнхабзэр хамэщIым щыдохъумэ. Сабийхэм адыгэцIэхэр яфIыдощ. Джоланым дыщисым, адыгэ жы­лэхэм адыгэбзэкIэ фIэкIа ды­щызэпсалъэртэкъым, хьэ­ры­пы­бзэр школым щызэдгъащIэрт. Ауэ мы зэманым, фэ урыс псалъэхэр къызэрыхэв­гъахуэм ещхьу, дэри ди щIэб­лэм хьэрыпыбзэр нэхъ къатекIуэ хъуащ. 
- КъызэрызгурыIуамкIэ, иджы япэу Къэбэрдейм укъэ­кIуэжауэ аращ.
- Дзэм сыщыхэт зэманым Урысейм куэдрэ сыкъэкIуащ лэжьыгъэ IуэхукIэ. Къэзахъ­с­танми Белоруссиеми куэдрэ сыщыIащ, Москва къалэм - мызэ-мытIэу. Ауэ адыгэхэр зэ­рыс щIыналъэхэм сыкъэсатэкъым зэи. ИкъукIэ Хэкур дахэу къыщIэкIащ. Си Iыхьлы, ныбжьэгъу куэд щыIэщ мыбы. Сэ фIыуэ слъэгъуащ Хэкур. Мыбы щыслъэгъуар нэхъ ипэIуэкIэ, нэхъ сыщIалэу си нэгу щIэкIауэ щытамэ, сыкъэкIуэжыпэнт сы­щыпсэуну. Хэкур си нэгу къы­зэрыщIэзгъэхьэу щытам нэхъ­рэ нэхъ гуапэжу къыщIэкIащ. 
- Уи унагъуэм и гугъу уэзгъэщIынут, Алаудин.
- Сыунагъуэшхуэщ. Хъыджэбзибл сиIэщ. 
- Абыхэми ебгъэщIа адыгэ­бзэр, ирипсалъэрэ?
- Си щхьэгъусэр шэшэнщ, сэ сыадыгэщ, дызыхэсым я нэхъыбэр хьэрыпщ. Абы къишэр сыт жыпIэмэ, языхэзми шэ­шэныбзэрэ адыгэбзэрэ ящIэ, ауэ хьэрыпыбзэр нэхъ къагъэсэбэпын хуей хъуащ. Еджахэщ, щIэныгъэ нэхъыщхьэхэр зрагъэгъуэтауэ мэлажьэ. Хэкум къэкIуэну я гум илъщ.
- Ди Хэкум исхэм сыт яжепIэнт уэ?
- Мейкъуапэ, Черкесск, Сочэ къалэхэм сыщыIащ, иджы Къэбэрдейм сыкъэсащи, сы­зы­IущIауэ хъуам яжесIаращ: «Фи Iэр зэрымыубыдмэ, гуапэу фы­зэхущымытмэ, лъэпкъым къэ­кIуэн иIэнукъым. Фи бзэр фхъу­мэу, цIыхугъэмрэ хабзэмрэ фы­тету щIэблэм фахуэсакъмэ, аращ нэхъ лъапIэныгъэ ды­дэр».
- Упсэу, Алаудин. Тхьэм уигъэузыншэ!
 

Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться: