Сабий 41167-м хуагъэуващ

Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щы­Iэм илъэс 17 ныбжьым нэ­сым хиубыдэу 41167-м яхуигъэуващ къэралыр ядэ­Iэ­пыкъуу мазэ къэс яритыну ахъшэр.  

Апхуэдэ лъэIуу 45516-рэ къыIэрыхьащ къудамэм. Иджы щIэм тету ят посо­-биер и пIэ иуващ нэхъапэм хуэныкъуэ унагъуэхэр дэIыгъынымкIэ лэжьа Iэмалитхум - япэ, ещанэ сабийхэр илъэси 3 ирикъухукIэ, илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ илъэ­си 8-м, илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ илъэс 17-м нэсыхукIэ мазэм тIэу ирату щытахэм, апхуэдэуи зэры­уэн­дэгъум пэкIуэу цIыхубзым зэ тыгъуэу зэрыдэIэпыкъуа ахъшэм.
ПособиещIэр хуагъэув зи хэхъуэр цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуэныкъуэ ахъшэу щIыналъэм щагъэувам нэхърэ нэхъ мащIэхэм. Иратыну ахъшэр ща­гъэувкIэ зэпалъыт уна­гъуэм и хэхъуэхэмрэ мылъкумрэ, апхуэдэуи къалъытэ адэ-анэхэр лажьэмэ, - къет фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIа­пIэм.

 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: