Европэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр

Адыгэу мин 40 исщ Германием. Адыгэ Хасэу 13 щолажьэ, къалэ зырызым дэту. Нэхъ инхэм ящыщщ Мюнхен, Кёльн, Мангейм, Вупперталь, Берлин къалэхэм дэтхэр. Адыгэ нэхъыбэ зыдэсыр Кёльнщ. 
Германием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр Тыркум икIауэ аращ. Илъэс 50-60 ипэ Тыркум ис цIыхухэр Европэм лэжьэну кIуэуэ щытащ. Абыхэм ящыщу аращ Европэм и сыт хуэдэ къэрали Iэпхъуа адыгэхэр.
«ДыIэпхъуэнщи, дыщыпсэунщ», - жаIэу кIуауэ аракъым, атIэ щылэжьыну, ахъшэ зэхуахьэсу къагъэзэжыну я мураду кIуащ. АрщхьэкIэ, я Iуэху нэхъ щыдэкIт, лэжьыгъэ щагъуэтти, я унагъуэхэри якIэлъыкIуащ е абы унагъуэ щыхъури, къэнэжахэщ. Иджыпсту Германием щыпсэу адыгэхэм я еплIанэ лIакъуэр къащIэуващ. Ахэр нэмыцэм и цIыхущ, я псэукIэм тетщ, ауэ адыгэщ. 
Хамэхэм уащыхэсым деж къалэн къудей мыхъуу, узыгъэгузавэу уи гум илъыр а узыхэсхэм уахэмышыпсыхьыжынырщ. Абыхэми псом япэ ирагъэщыр адыгэбзэр, хабзэр, адыгагъэр хъумэнырщ, абы щIэблэр щIэпIыкIынырщ. Нэмыцэм щыIэ Хасэхэм унагъуэкIэрэ къокIуалIэ адыгэхэр. Абы нэхъыжьхэми, бзылъхугъэхэми, щIалэгъуалэми къалэн зырыз щаIэщ. Сабийхэр адыгагъэм нэхъ зэрыдрагъэхьэхыр адыгэ къафэращ. 
Мюнхен Хасэр илъэс 54-рэ хъуауэ мэлажьэ. Ар нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Унагъуи 120-рэ хуэдиз йокIуалIэ. Адыгэ нэхъыбэ къыщызэхуэсыр фестиваль, махуэшхуэ гуэрхэр щекIуэкIым дежщ. 
«Мюнхен сыIэпхъуа нэужь, абы щыIэ Хасэм занщIэу кIуэн щIэздзащ, садэIэпыкъуурэ, садэлажьэурэ, и унафэщIхэм ящыщ зы сыхъуащ. ИлъэсипщI хъуауэ Мюнхен Адыгэ Хасэм сритхьэмадэщ, Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и унафэщIуи илъэс зыбжанэ хъуауэ солажьэ», - жеIэ ди псэлъэгъу Вэрокъуэ Затий. - Нэмыцэм сыIэпхъуа нэужь, илъэс 15 хуэдизкIэ сыкъыщалъхуа къуажэр зыми хуэзмыгъадэу сигу илъу сыпсэуащ. Сыт къысIэрыхьэми, схьырт а къуажэм. Къуэшитхурэ шыпхъуитIрэ сиIэти, абыхэм сэбэп сахуэхъуну сфIэфIт. Ауэ пэжтэкъым апхуэдэ гупсысэкIэр. Аратэкъым си Хэкур. Къэбэрдейм къэкIуэжын щIэздзэри, Хэкум и IэфIыр зыхэсщIащ. Зы тхьэмахуэ хуиту къысхудэхуамэ, сыкъокIуэж». 
Адыгэхэр Тыркум Iэпхъуа нэужь, илъэс 50 хуэдизкIэ замыгъэхъейуэ щысауэ жаIэж, къэкIуэжыным, къагъэзэжыфыным я гугъэр хахыжатэкъыми. ИужькIэ абы исын зэрыхуейр къагурыIуэщ, щIэблэ къащIэхъуэр псэун хуейти, а къэралым лъабжьэ щащIыну иужь ихьащ. 
Нобэрей зэманымрэ зэхэтыкIэмрэ къапщтэмэ, цIыхур тыншу нэгъуэщI къэрал мэIэпхъуэф лэжьэн, псэун щхьэкIэ. Ар нэхъ япэ ирагъэщ иджыпсту. Ауэ адыгагъэр къызытекIуэу къэзыгъэзэжыни къахэкIынщ. 
Хэхэс адыгэр Хэкум зэ нэхъ мыхъуми къэкIуэжмэ, къыдихьэхыжу къыщохъу Затий. Абы къыхэкIыу Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм Iуэху куэд ирегъэкIуэкI.
- Абы теухуа программэ хэха диIэу догъэлажьэ. Псом нэхъ япэ идгъэщри, дэтхэнэ зы хэхэсри хэкум къэкIуэж-кIуэжу щытыныр хабзэ яхуэщIынырщ. Си щхьэкIэ, унафэщIу лэжьэн щIэздза нэужь, унагъуэ 20 къасшэри, тхьэмахуитI щызгъэIащ. ИужькIэ щIалэгъуалэр къасшэри, я нэгу зезгъэужьащ. Мыбы зэ къэкIуахэм «иджы дапщэщ дыщыпшэнур?» жаIэу апхуэдэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, коронавирус уз зэрыцIалэр къежьэри, ди мурадхэр къызэтрикъутащ. ДяпэкIэ ди гугъэщ шыщхьэуIу мазэм техуэу тхьэмахуиткIэ унагъуэхэр къэтшэну. Абыхэм хэкурысхэр зрагъэцIыху, я телефонхэр зэIэпах, зэрыщIэ мэхъу. Апхуэдэуи мыбы щыщхэр ди деж едгъэблагъэурэ щыдгъэIэнущ, Европэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэзыгъэгъуэтыну хуейхэм дадэIэпыкъунущ. Дэ дызытетын хуейр дэнэ щыпсэури адыгагъэм зэрегъэшэлIэнырщ. 
Сэ гу лъызотэ Тыркум къикIахэр - тыркубзэкIэ, Сирием къикIахэр хьэрыпыбзэкIэ зэрызэдэуэршэрым. Ауэ ахэр Хасэм щызэхуэса нэужь, адыгэбзэкIэ зэрызэпсэлъэн, зымыщIэхэм зэрагъэщIэн зэрыхуейр къагуроIуэ. Бзэ зэтемыхуэкIэ псалъэхэр нэхъыфIу зыми зрипхынукъым адыгэбзэм фIэкIа. Бзэм хуэтщI гулъытэм нэмыщI, программэ щхьэхуэ дгъэпсауэ, егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр Хэкум итшурэ дерсхэр, зэIущIэхэр ирагъэкIуэкI. Апхуэдэ IуэхуфI къыдэхъулIащ коронавирус узыфэр къэмыхъей щIыкIэ. ДзыхьмыщI Аслъэн, Езауэ Мадинэ, Иуаз Зубер, Апсэ Дианэ сымэ едгъэблагъэри, Мюнхен Хасэм тхьэмахуитIкIэ щылэжьащ, цIыхухэр яфIэгъэщIэгъуэну къекIуалIэу. Ар ягу ирихьати, Штутгарт, Нюрнберг Хасэхэми къикI лъэIу тхылъхэр къытIэрыхьащ, апхуэдэ курсхэр ирагъэкIуэкIыну хуейуэ. 
А курсхэм унагъуэкIэ къокIуалIэри, хэт къафэм, хэт бзэм, хэт пшынэ еуэным зыхуагъэсэну зэбгрокI, сыхьэт зырызкIэ псоми щIыхьэурэ, махуэр Хасэм щIэщыгъуэу, сэбэпынагъ пылъу щагъакIуэ, - къыддогуашэ Вэрокъуэр. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: