Бзэр псэ зыIут къэгъэщIыгъэщ

Лъэпкъ махуэгъэпсым къызэрыхэщщи, I853 гъэм гъатхэпэм и I4-м Тифлис къыщыдэкIащ Бырсей Умар зэхигъэувауэ щыта «Шэрджэсыбзэ букварь» фIэщыгъэр зыгъуэта япэ адыгэбзэ тхылъыр. А махуэр 2003 гъэм къыщыщIэдзауэ Адыгэ тхыбзэм и махуэу лъэпкъым егъэлъапIэ, еIэт. Абы теухуа Iуэхугъуэ дахэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.
Лъэпкъым и блэкIари и къэкIуэнури куэдкIэ зэлъытар аращ. Бзэр псэухущ лъэпкъым гъащIэу иIэри. Дяпэ итахэм бзэр, хабзэр ди деж къызэрахьэсам хуэдэу, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым дэри апхуэдэ къалэн ди пщэ къызэрыдэхуэр, уеблэмэ, дунейр зэрыт щытыкIэ уеплъмэ, жэуап нэхъыбэ зэрытхьыр.
Анэдэлъхубзэр хъумэным, абы адэкIэ зегъэужьыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр сыт щыгъуи къыщызэрагъэпэщ икIи щрагъэкIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Абы хуэгъэпса зы лъэбакъуэщ адыгэбзэр курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щезыгъэджхэмрэ щызыджхэмрэ яхуищI гулъытэр, абыхэм яхуиIэ пыщIэныгъэхэр. КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм зэIухауэ иригъэкIуэкIа олимпиадэ зэхьэзэхуэхэр абы и щыхьэтщ. Зэпеуэм хэтащ I0 – II-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр.
Зым и дежкIи щэхукъым анэдэлъхубзэхэр тIасхъапIэ зэритыр, къыдэкIуэтей щIэблэм ар зэраIэщIэхур. Олимпиадэхэр иужь итщ бзэхэр а щытыкIэ гугъум, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, къыбгъэдэшыным. Зэпеуэхэм зыхуагъэувыж мурадкIи, зыщащIыж къалэнкIи зыхуэунэтIар нэхъыщхьэу аращ. Бзэм игъуэт удыныр гъэмэщIэныр, и пщIэр къэIэтыныр, жылагъуэ гъащIэм щиубыд увыпIэр убзыхуныр, анэдэлъхубзэуи къэралыбзэуи бгъэдэлъ хьэкъхэр хъумэныр – узыблэIэбыкI мыхъун, Iэмалыншэу лъэпкъым зэдищтэн хуей пщэрылъхэм ящыщщ.
Апхуэдэу зэхьэзэхуэхэм еджакIуэхэм я анэдэлъхубзэм хуаIэн хуей фIылъагъунагъэр къызэщегъэу, я зэфIэкIыр здынэсыр, яхуэлэжьынур зыхуэдизыр ярегъэлъагъуж, езыхэм щхьэзакъуэу зыгуэрхэр къахутэу, къагъуэту ирегъасэ, гушхуэныгъэ къахелъхьэ. Абы къищынэмыщIауэ, зэфIэкI лъагэхэр зиIэ еджакIуэ зэчиифIэхэр къегъэнахуэ. Нэхъыщхьэращи, мы олимпиадэр адрей сыт хуэдэ екIуэкI зэпеуэхэми къащхьэщокI къэралпсо мыхьэнэ зэриIэмкIэ: мыбы щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щадж и къудамэм щIэтIысхьэ хъумэ, къэрал унафэкIэ, баллитхум нэс иратынущ.
КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и доцент, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Хьэщхъуэжь Заретэ хъыбар къызэрыдитамкIэ, олимпиадэхэр курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм бзэмрэ литературэмрэ зэрыщадж программэм тету зэхэтащ. «Пэжырытхэм, бзэхабзэм, IуэрыIуатэм, литературэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къызэщIиубыдэу ахэр тест жыпхъэм тету зэхэгъэувауэ щытащ. Лэжьыгъэм зы Iыхьэу хэуващ «Хэкум и хъумакIуэ-зауэлIым деж кIуэ письмо» фIэщыгъэмкIэ эссе тхынри», – жиIащ Хьэщхъуэжь Заретэ.
Ди гуапэ зэрыхъущи, олимпиадэхэм хэт еджакIуэхэм я бжыгъэр илъэс къэс нэхъыбэ мэхъу, къуажэ еджапIэ нэхъ пыIудзахэри къалэ еджапIэхэри жыджэру къыхохьэ. «Хабзэ хъуауэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм олимпиадэм къекIуэлIа егъэджакIуэхэм папщIэ илъэс къэс щIэныгъэ-узэщIакIуэ семинархэр ирегъэкIуэкI. Кафедрэм и лэжьакIуэхэр щIэныгъэм щIэуэ къыхыхьэ Iуэхугъуэхэм теухуа лекцэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ, мастер-класс хуэдэхэмкIэ къекIуэлIахэм ядогуашэ. КърихьэлIахэм семинарым зэрыхэта щыхьэт тхылъхэр идотыж. Псэемыблэжу, гурэ псэкIэ и лэжьыгъэм ета егъэджакIуэхэр ди куэдщ. Абыхэм я фIыгъэщ адыгэбзэм, IуэрыIуатэм, литературэм дихьэхыу, гукъыдэж хуащIу олимпиадэм еджакIуэ куэд къызэрекIуалIэри, абы къыщагъэлъагъуэ ехъулIэныгъэхэри. Апхуэдэу япэ увыпIэхэр къахьауэ, нэхъ къахэжаныкIауэ, олимпиадэм и фIыгъэкIэ къытIэрыхьауэ фIы дыдэу еджэ студентхэр диIэщ. Сыхуейт абыхэм я цIэри къисIуэну. Ахэр КIэщт Дианэ, Бабыгуей Миланэ, Думэн Дианэ сымэщ», – къыхигъэщащ гуапэу Хьэщхъуэжьым.
Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ олимпиадэхэр зэрекIуэкIамкIэ арэзы хъуащ езы егъэджакIуэхэри. Апхуэдэу и Iуэху еплъыкIэкIэ къыддэгуэшащ Инарыкъуей къуажэм дэт, Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Хьэрэдурэ Эммэ. «ИлъэсипщI лъандэрэ, хабзэ хъуауэ, университетым къызэригъэпэщ олимпиадэ зэхьэзэхуэхэм еджакIуэхэр дихьэхыу, яфIэфIу хэтщ, я щIэныгъэр къыщапщытэ, къыщахь увыпIэхэм щогуфIыкI. Езы университетым и лэжьакIуэхэми зэкIэлъыкIуэу, зыхуей хуэзауэ къызэрагъэпэщ олимпиадэр. Япэ увыпIэхэр къэзыхьари екIуу ягъэлъапIэ, фIыщIэ тхылъхьэр ират, ягъэгуфIэ. Ар езы университетым щIэтIысхьэну мурад зиIэ еджакIуэхэм щхьэкIи щхьэпэщ. Дэри ахэр тфIэфIу худогъэхьэзыр а зэпеуэм. ФIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейщ абы щезыгъаджэхэми. Псалъэ дахэкIэ, гуапагъ зыхэлъ щытыкIэкIэ сабийхэм я гур фIы хуащIу, бзэм драгъэхьэхыу къопсалъэ, щабэу къахущытхэщ. Сэ си еджакIуэ абы щIэтIысхьэну и мурадти, дыщыгуфIыкIащ къихьа увыпIэм», – жиIащ и гъэсэным и ехъулIэныгъэм щыгуфIыкI егъэджакIуэм.
Мы гъэм екIуэкIа олимпиадэхэм кърикIуахэр ди гуапэу фи пащхьэ къыдолъхьэ.
I0-нэ классым щыщу зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIащ:
Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №I-м щIэс Маргъущ Аделинэ;
Ислъэмей къуажэм дэт курыт еджапIэ №4-м щIэс Хьэх Iэминэ;
Хьэтуей къуажэм дэт, Дол Хьэсэнбий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щыщ Лашэ Марьянэ;
Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м и еджакIуэ Мэкъуауэ Иветтэ;
Нартан (Къылышбийхьэблэ) дэт курыт еджапIэм №2-м щеджэ Бырсекъуэ Айдэмыр;
Дей (Мэртэзей) къуажэм дэт, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щIэс ВэрылI Русалинэ.
II-нэ классым щеджэ ныбжьыщIэхэм ящыщу
зэхьэзэхуэхэм къыщыхэщащ:
Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №27-м щIэс Бозий Салим;
Бахъсэн къалэм дэт, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №8-м щеджэ Къардэн Темырлан;
Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №I-м щIэс Гугъуэт Даянэ;
Инарыкъуей къуажэм дэт, Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щеджэ Уэрсей Лорианнэ;
Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №27-м щIэс ШкIахъуэ Эллинэ.
Анэдэлъхубзэр хъумэныр хьэкъышхуэщ. КъыдэкIуэтей щIэблэм ар яIурылъхьэн, пщIэ хуащIу зэрахьэн, адэкIэ лъэхъэнэм хахьэн я лъэныкъуэкIэ пщэрылъышхуэ яIэщ, псом япэрауэ, нэхъыжьхэмрэ адэ-анэхэмрэ, абы иужькIэ къэралыгъуэм. Iулыдж хуищIу зригъэужьыныр, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэту къыдэгъуэгурыкIуэныр зи къалэныр щIэблэращ. ЛъэныкъуитIми жэуап зэрахьыр бзэр псэ зыIут къэгъэщIыгъуэу зэрыщытым къегъэлъагъуэ. ЩIэблэ хъарзынэ диIэщ, анэбзэр мыужьыхыжу зэрагъэпсэунур уи фIэщ ящIуи, ахэр нэхъыбэ хъуныр, я зэфIэкIрэ ехъулIэныгъэхэмкIэ бзэр лъагэу яIэтыныр ди гуапэщ. Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу екIуэкIа зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIахэм ди гуапэу дохъуэхъу!

Тхыгъэмрэ сурэтхэмрэ зейр ШУРДЫМ Динэщ.
Поделиться: