«Нэхъ лъапIэ дыдэу яIэр ди IэмыщIэ къралъхьэ»

ЕгъэджакIуэр сабийхэм щапхъэ, ущиякIуэ яхуохъур. А IэщIагъэр къыхэзыхым ар фIыуэ къыгурыIуэу лажьэмэ, щIэблэр щIэныгъэм дегъэхьэхыным, гъэсэным зэрыпэлъэщынум шэч хэлъкъым.
Зи гугъу фхуэтщIыну Пэунэж Залинэ 2005 гъэм КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэр къиухри, Къубэ-Тэбэ къуажэм дэт курыт школ №1-м лэжьэн щыщIидзащ. Мы зэманым ар зыхунэсари мащIэкъым. Бахъсэн районым адыгэбзэкIэ щезыгъаджэхэм я зэхьэзэхуэм 20I5 гъэм япэ увыпIэр абы къыщыхуагъэфэщащ, а илъэс дыдэм «20I5 гъэм и егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэр къыфIащащ. Пэунэжыр «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм жыджэру хэтщ. ЕгъэджакIуэм етIуанэ увыпIэ къыщихьащ Анэдэлъхубзэр курыт школхэм щезыгъэджхэм я щIыналъэ зэпеуэу Мэхъэчкъалэ щекIуэкIам, адыгэбзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ урысейпсо мастер-классым япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ.
- Сэ сыегъэджакIуэщ. Абы сропагэ, - жеIэ Залинэ. - Сытым дежи еджэным сыдихьэхыу, щIэ гуэрхэм сыхуэпабгъэу сыщытащ. Ауэ IэщIагъэр къыщIыхэсхам сыщегупсысыжкIэ, ар зи фIыщIэу къэслъытэр адыгэбзэмрэ литературэмкIэ сэ езым си егъэджакIуэу, си ущиякIуэу щыта Щыгъэлы Женэщ. Ар пщIэшхуэ иIэу илъэс куэдкIэ и IэнатIэм пэрытащ, и ехъулIэныгъэхэмкIэ республикэ псом къыщацIыхуу. Абы дэтхэнэ сабийми бгъэдыхьэкIэ къыхуигъуэтырт икIи цIыху щыпкъэ куэд игъэсауэ жыпIэ хъунущ.  
Сыт хуэдэу гугъуу щымытми, егъэджакIуэ IэщIагъэр си дежкIэ хьэлъэкъым. Сабийхэр фIыуэ зэрыслъагъум псори сщхьэщихыжу къыщIэкIынщ. Си гупсысэр зытеухуар зыщ: си къэухьымкIэ еджакIуэхэм садэгуэшэнырщ, фIым хуэпабгъэ щIэблэ къэзгъэтэджынырщ. Дэ сабий зэхэгъэж тщIы хъунукъым, нэхъыщхьэжращи, дэтхэнэ зыми и фIэщ тщIын хуейщ абы цIыху нэс къызэрыхэкIынур.
- Залинэ, ар дауэ зэрыпхузэфIэкIынур?
  - Псом япэращи, егъэджакIуэм дэтхэнэ зыми и зэфIэкIыр здынэсыр къихутэн, икIи абы елъытауэ и лъэжьыгъэр зэтриухуэн хуейщ. Адэ-анэм нэхъ лъапIэ дыдэу яIэр - я быныр - ди IэмыщIэ къралъхьэр. АтIэ ахэр дгъэщIэхъу хъурэ?!
  Сэ сызэреплъымкIэ, егъэджакIуэм лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIын хуейщ классым щIыхьэу, «Фи пщэдджыжь фIыуэ!» жиIэн ипэкIэ. Дэ куэдрэ «анэ етIуанэкIэ» къыдоджэ. А псалъэр дгъэпэжыпхъэщ. Зы щIыпIэ дежи ущыткIий къэхъунщ, щабэу сабийм уащыбгъэдэти щыIэнщ.
 ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр къызэрехъулIэм и зы нэщэнэу собж еджакIуэ цIыкIухэр къыщыпIущIэным зэрежьэр. Си дежкIэ насыпщ дерсым сыщыкIуэкIэ ахэр къызэрыспежьэр, махуэр зэрагъэкIуамрэ я щэху гуэрхэмрэ къызэрызжаIэр.
 ЕгъэджакIуэр зы лэжьэкIэм къытенэ хъунукъым. Абы зэпымыууэ зиужьын, зэманым зыдригъэкIун хуейщ. АбыкIэ сэбэпщ зэIущIэ зэхуэмыдэхэм ухэтыныр, къэхутэныгъэщIэхэр ебгъэкIуэкIыныр, компьютерымрэ егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абы иIэ Iэмалхэмрэ къэбгъэсэбэпыныр, нэгъуэщIхэри.
Урыс тхакIуэшхуэ Толстой Лев жиIэгъащ: «ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр фIыуэ илъагъумэ, ар егъэджакIуэфIщ. Ауэ егъэджакIуэм сабийр и быным хуэдэу фIыуэ илъагъумэ, тхылъ псори щIэзыджыкIам нэхърэ нэхъыфIыжщ. Сабийми лэжьыгъэми хуиIэ лъагъуныгъэр зы зыщIыфа егъэджакIуэм къытекIуэн щыIэкъым». Сэ сыхущIокъу апхуэдэ егъэджакIуэ сыхъуным.
- Анэдэлъхубзэм щIэблэр дегъэхьэхыным теухуауэ сыт хуэдэ Iуэхухэр щевгъэкIуэкIрэ фи къуажэ курыт школым?
- Бзэм теухуа лэжьыгъэ щхьэпэ куэд идогъэкIуэкI. Абыхэм ящыщщ сочиненэ тхынымкIэ, усэ къеджэнымкIэ, ди тхакIуэхэм я сурэт щIынымкIэ, тхыгъэ зэджар теплъэгъуэкIэ къегъэгъэлъэгъуэжынымкIэ, адыгэ уэрэдыжьхэр жаIэнымкIэ зэпеуэхэр къызэрызэдгъэпэщыр.
ЕгъэджакIуэхэм дерс зэIухахэр ят, лэжьыгъэм теухуауэ зочэнджэщ, зэдоIэпыкъу. Ди сабийхэр районми республикэми щекIуэкI конференцхэм, зэпеуэхэм жыджэру зэрыхэтыным худогъэхьэзыр. ЕгъэджакIуэхэр, шэч хэмылъу, дыщогуфIыкI ди еджакIуэ цIыкIухэм я ехъулIэныгъэхэм. Апхуэдэ дакъикъэхэм зыхыбощIэ уи IэщIагъэм и мыхьэнэр.
- Уи мурадхэр къуохъулIэну ди гуапэщ, Залинэ.

Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу