Невский Александр и цIэр зезыхьэ таж пыIэр

Урыс дзэзешэ цIэрыIуэ Невский Александр 1220 гъэм къалъхуащ. Новгород Ин пщыгъуэм и унафэщIу щытащ. УрысыщIыр зэман зэхуэмыдэхэм шведхэм, нэмыцэхэм, тэтэрхэм ящыхъумэным цIыхубэр хузэщIигъэуIуэфащ абы икIи Невскэр зауэлI хахуэу зэрыщытам нэмыщIыжькIи, жыжьэ плъэф политик Iущуи къыщIэкIащ.

Невскэм и тажыр Кремлым и Iэщэхэр зыщIэлъ и палатэм ноби щахъумэ. А тажым тетщ КъурIэн лъапIэм и Iэятхэм щыщ пычыгъуэхэр. Апхуэдэ дыдэу Иван Грозный Иван и тажми тетхащ фIыцIагъэ лъапIэм къыщыкIуэ псалъэхэр. Невскэм и зауэ Iэщэ-фащэу хуагъэфащэм налкъутрэ налмэскIэ, нэгъуэщI мывэ лъапIэхэмкIэ гъэщIэрэщIахэм тетхащ чыристан тхылъхэм узыщрихьэлIэ, бзаджэнаджэм, шейтIаным пэщIэт Михаил щихъым и образымрэ КъурIэн лъапIэм и 61-нэ Iэятым и 13-нэ сурэм къыщыкIуэ «ДэIэпыкъуныгъэмрэ текIуэныгъэ псынщIэмрэ Алыхьым къыбгъэдокI, яжеIэ а хъыбарыр фIэщхъуныгъэ зиIэхэм»-жыхуиIэмрэ.

Чыристан диныр зезыхьэ пщыхэм я Iэщэ-фащэхэм, пыIэхэм КъурIэныбзэ тетхауэ зэрыщытар гъэщIэгъуэн дыдэщ.

ЩыIэ хъыбархэмкIэ, Невскэм и жыр пыIэр  XVII лIэщIыгъуэм урыс пащтыхь Романов Михаил папщIэ зэрагъэпэщыжауэ, пыIэм тет тхыпхъэщIыпхъэхэмрэ КъурIэным къыщыкIуэ сурэмрэ къыхухаIущIыкIауэ, абы «ерихон пыIэ» фIащыжауэ ягъэIу. Ауэ ахъыбарыр зэрыпэжым щыхьэт техъуэфын дэфтэри щыIэкъым.

Иджы кIэщIу и гугъу тщIынщ иерихоныр зищIысми, иерихон пыIэкIэ тажым щIеджэми.

Иерихоныр Палестинэ щIыналъэм щыIэ, дунейм япэ дыдэу къытехьа къалэу къалъытэ. Библиеми абы теухуауэ щIэх-щIэхыурэ ущрохьэлIэ. Уеблэмэ а тхылъым къыщокIуэ Иерихоныр пальмэхэм я къалэу. Мы щIыпIэм къыщагъуэтыжа псэуалъэхэр яухуауэ хуагъэфащэ дызэрыбжэ лIэщIыгъуэм ипэкIэ илъэс минийкIэ узэIэбэкIыжмэ. Абы къыщагъуэтыжа, метрий зи лъагагъ чэщанэр ятIагъуэм и зэманым ипэкIэ яухуауэ ( дызэрыбжэм и пэкIэ илъэс 8400-7300) хуагъэфащэ.  А къалэр журтхэм я пашэ Иисус Навин къизэуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ Иисус Навиныр ислъам диным къызэрыхэщыр бегъымбар Иушэу (Юша ибн Нун) зэрыщытыр. Иушэр Мысырым къыщалъхуащ, Мусэ иужькIэ бегъымбару Алыхьым къигъэкIуауэ ислъам диным къыхощ. КъурIэным тIэу ущрохьэлIэ. Иушэ Мусэ и гъэсэнщ, апхуэдэуи, Мусэ бегъымбарым и шыпхъум и къуэщ. Иушэрэ Мусэрэ ИсрэIил и бынхэм я гъусэу Мысырыр ябгынауэ, иужькIэ Иушэ Иерихон къалэр къизэуауэ щытащ.

Ди зэманым гурыIуэгъуэу щыткъым жыр пыIэм «иерихонкIэ» щIеджэр, ауэ, а фIэщыгъэр зиIэ гъущI пыIэхэр хуэхъурейуэ, щхьэр, тхьэкIумэхэр щIахъумэу щытщ, натIэ Iутщ.

XX лIэщIыгъуэм тхыдэджхэм а хъыбарыр я фIэщ мыхъуу, къэпщытэныгъэ зэхуэмыдэхэр ирагъэкIуэкIащ. ИкIи, къызэрыщIэкIамкIэ, зи гугъу тщIы пыIэм Невскэм пыщIэныгъэ хуиIакъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIи, къуэкIыпIэмкIэ щыпсэу муслъымэн къэрал гуэрым и пащтыхьым Романов Михаил зи гугъу тщIы пыIэр къритауэ щытагъэнущ. Романовым и деж гъукIэу щылажьэ Данилов Никитэ а пыIэм зэхъуэкIыныгъэ хилъхьэжащ, мывэ лъапIэхэмкIэ игъэщIэрэщIэжащ, ауэ хьэрыпыбзэ псалъэхэм емыIусэу, зэрыщытауэ къигъэнэжащ.

КъэпщытакIуэхэм гу зылъатаращи, «иерихон пыIэ» тажым щыфIащар мыгурыIуэгъуэми, дунейм щыяпэ дыдэу къалъыта къалэр къэзызэуа, Нун и къуэ Иушэ  Грозный Иван и зэманым къыщыщIэдзауэ, урысыпщхэм зрагъэщхьын яфIэфу щытащ.

IупщIкъым хьэрып псалъэхэр я пыIэм щIытрамыгъэкIыжар. ФIэщщIыгъуейщ абы гу лъамытауэ, е къагурыIуэу щымытауэ. Урыс пащтыхьхэм я пщIантIэм мымащIэу дэтащ хьэрып каллиграфием щыгъуазэ тэтэрхэр.

Грозный Иван и зэманым къыщыщIэдзауэ Урысейм и пащтыхьу щытахэм ящхьэрыгъа тажхэм къурIэныбзэ щIытетар къуентхъыу къазэуахэм ящыщу хуэбгъэфащи хъунущ, ауэ, итIани, фIэщщIыгъуейщ Иван IV апхуэдэ щIыкIэкIэ къыIэрыхьа, нэгъуэщIым щхьэрыгъар и щхьэм хуигъэфэщэжыну щытауэ.  Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, урысыпщхэм ящIэу щытагъэнущ  хьэрып тхыпхъэщыпхъэхэр, къурIэным къыщыкIуэ Iэятхэр зытетахэр зэрахьэу, зыщхьэратIагъэу щыта «ерихон пыIэхэр»  къыздикIар дэнэми. ИкIи къезытахэм я фэеплъу, зэхэщIыкIи яхэлъу зэрахьэрэ, КъурIэн псалъэхэми къару гуэр къапкърыкIыу апхуэдэ гугъэ яIэу къагъэсэбэпагъэнущ.
 

 

 

Зыгъэхьэзырар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.
Поделиться: