Саугъэт хуагъэфащэ

Илъэс етхуанэ хъуауэ Инджылызым щат «British Beakon Moskque Awards» лъэпкъ саугъэтыр хуагъэфэщащ иджыри зи ухуэныгъэр ямыубла мэжджытым и архитектурэ убзыхуныгъэм. Мэжджытым къищынэмыщIауэ, абы хэтынущ мыдрисэ, щIэныгъэ центр, спортзал, нэчыхьтхыпIэ, шхапIэ, сату щIапIэ, уеблэмэ узншагъэр щрагъэфIакIуэ пансион.
Муслъымэнхэм ямызакъуэу, щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтыну хуей дэтхэнэмкIи зи бжэр зэIухауэ щытыну мэжджытым хуэдэ Европэ псом итынукъым. «Ухуэныгъэр сыт и лъэныкъуэкIи цIыхум и псэм зыщигъэпсэху щIыпIэу щытынущ», - жиIащ ар щаухуэ Брэдфорд щIыналъэ администрацэм и унафэщI Хизайфа аль - Ямани.
Илъэс къэс ирагъэкIуэкI мы Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр мэжджыт, мыдрисэ нэхъыфIхэм, зи къалэныр егугъуу къезыхьэлIэ Iимамхэм, хьэлимхэм, псапащIэхэм гулъытэ нэхъыбэ яхуэщIынырщ. Ахэр къыхахын ипэкIэ лъэныкъуэ пщыкIузкIэ къапщытэ.
Iуэхугъуэ куэдым хуэгъэпса икIи зыщIыпIи щымыIэ апхуэдэ мэжджыт Брэдфорд къыщызэIуахыну нобэ иужь щихьамэ, илъэс куэд ипэкIэ щIэныгъэ центр зыхэтыну мэжджытым и проектыр къыхилъхьэу, езыр зыщалъхуа Псынабэ къуажэм щригъэухуэну хузэфIэкIат бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, лъэпкъым и узэщIакIуэ нэс ШэджыхьэщIэ Марие… Пэжщ, абы шхапIэрэ сату щIапIэрэ хэткъым, ауэ Инджылызым щаухуэ мэжджытым адрей IуэхущIапIэхэри гуэдзэн щIыхуащIам щхьэусыгъуэ иIэу къыщIэкIынщ: цIыху нэхъыбэ ирашэлIэн, ислъам диным мамырыгъэр зэрилъабжьэр хэIущIыIу щIын.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: