КIэ зимыIэ къэкIыгъэ зэблэхъукIэ

Иужьрей илъэсхэм ди республикэм и псыхъуэхэр екIэпцIейхэм зэщIащтэ. ЕкIэпцIэ жытIэ щхьэкIэ, абы и закъуэкъым апхуэдэ щIыпIэхэм къыщыкIыр; зэгуэр тафэ бгъуфIэшхуэу щытахэр мэз гуэрэным щыхуэкIуэкIэ, кхъужьейхэр, зейхэр, пхъэгулъейхэр, къазмакъейхэр, хьэцыбанэр щыкуэдынущ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм я фIыгъэкIэ Iэщ хъупIэу къагъэсэбэп ныджэхэр псы къиуам илъэсыртэкъым, псыхэм я гъунэгъуу щыпсэу унагъуэхэми зэран яхуэхъуртэкъым. Езы екIэпцIэ мэзхэрати, цIыхум зыхуеину чы-бжэгъур къыщIашырти, чийхэр яхурт, къуажэм дэс дадэ IэпщIэлъапщIэхэм чий матэхэр къыхащIыкIырт.
Кавказ къэрал гъуэгум и Iуфэм щегъэжьауэ, къурш жьэгъум унэсыху тафэ джафэу щытащ, щымыщу зы удзыпэ хэмыту. Накъыгъэм зэрынэсу, сурэт зытрахым хуэдэу, ар псори губгъуэ джэдгыным зэщIищтэжырт. Курыт еджапIэхэр къаутIыпщын ипэкIэ а джэдгыныр кърачырти, аптекэхэм иратырт. Апхуэдэ хэлъхьэныгъэхэр щIыналъэм и фармокологиемкIэ сэбэпт.
ИпщэкIэ дэкIуэтеиху нэхъ Iув хъу екIэпцIэ мэзхэм псы Iуфэхэри нэпкъхэри щIауфэ, Шэрэдж зи инагъыр пэмылъэщу: удзыр зыхъуэкIуу щыта Iэщ хъушэхэр, мэл гуартэхэр, джэдкъаз бынхэр мащIэ дыдэ хъуащ. Абыхэм ныджэхэр яхъуэкIу мыхъуу, щIыри ягъэпшэрырт, цIыхумрэ щIыуэпсымрэ яку дэлъ зэхущытыкIэ гъэхуам бэвагърэ берычэткIэ пэджэжу.
ФIэщщIыгъуейуэ псынщIэу зызыубгъу екIэпцIэ мэзхэр щIымрэ псымрэ я хъумакIуэ нэсщ: щIым щIэмылъыж къарур щIалъхьэж, хьэуам хэт пкъыгъуэ зэранхэм щахъумэ, щIыуэпсым езым иухуэ «гармонием» тету. 
Шэрэдж псыхъуэр зэщIэкIэным къежьапIэ хуэхъуащ абы тет Шэрэдж ГЭС - м и ухуэныгъэхэри. Ауэ гъэщIэгъуэну, цIыхум и хэIэбэныгъэ къудейм езым ифI къызэрыхихыным хущIокъу экологиер: Iэщыр щыIэху, ныджэхэр удзыпцIэщ. Ахэр мащIэ щыхъум, къарууншэ хъуа щIы щхьэфэм мэзым зыщеубгъу, цIыхум и лейр зылъыс щIым езым зыкъигъэщIэрэщIэжын папщIэ.
Дыздэплъэм зы бгъэшхуэ къытщхьэщыхьауэ ди щхьэщыгум къыщеуфэрэзыхь. Мы щIыпIэм къэкIуэрейщ ахэр. НапIэзыпIэм шэм хуэдэу зыкъредзыхри, и къэпхъуати и лъэтэжи зыуэ, уэгум йохьэж, и лъэбжьанэшхуэхэмкIэ быдэу зы блэ иIыгъыу. Бгъэм и нэм нэхърэ нэхъ жан щымыIэу жаIэр пэжщ. Армыхъумэ, дауи къилъэгъуа абы, зымащIэкIэ дыкIуэтэжамэ дыIущIэнкIэ хъуну, къуацIэ гуэрэным хэса блэр? Гу лъыттэххэмэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр апхуэдэ теплъэгъуэхэмкIэ къулейщ.
Мэз Iувхэм елъытауэ псыхъуэхэм зэман кIэщIым къриубыдэу къыщызэщIэрыуэ екIэпцIалъэхэм куэд дыди якIуркъым - тундрэм и гъэгъэкIэу, зы псы къиугъуэщ. Абы къыхэкIыу щIыуэпсым хуищIэну псори а пIалъэ кIэщIым тещIыхьауэ щытщ. Псы уэрым ахэр зэуэ ирилъэсыкI щхьэкIэ, псыхъуэ ныджэм трищIа щIы щхьэфэмрэ абы тебэгъухьыжа къэкIыгъэхэмрэ псым хэлъу ирихьэхынущ, зыщIыпIэ гуэрым нэсу къыщыувыIэху. Ар къызытрилъэсыкIа Шэрэдж псыхъуэри нэщI хъунукъым: бгылъэ мэз Iувхэм къыщIиха жыг къэуахэмрэ къэкIыгъэхэмрэ сыхьэтыпэм къриубыдэу ирилъэсыкIа щIыпIэр ягъэнщIыж, ипэкIэ зэи ди псыхъуэхэм щыдмылъэгъуа гъэгъахэмрэ чыцэ щхъуантIэхэмкIэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ аргуэру зы «флорэ» дахащэ къоунэху. Абы дихынури зыми ищIэркъым. АпщIондэху къазмакъейхэм къришэхыу къапыкIэнущ, жыг лъащIэхэм ландыщэмрэ губгъуэ Iущхьэмрэ пIалъэкIэ щызэщIэгъэгъэнущ.
 

 

Лъостэн Музэ.
Поделиться: