Чипсхэр сэбэп хьэмэрэ зэран?

Тыкуэнхэм зэмылIэужьыгъуэ куэду щIэлъ «чипс» жыхуаIэхэр къызыхащIыкIыр пIащIэ дыдэу зэтегъэжауэ сэхуран дагъэ уэркIэ ­ягъажьэ кIэртIофщ. АтIэ сыт абы зэраныгъэу къишэр?

КIэртIоф къызэрыгуэкIыр щыбгъажьэкIэ, абы куэду хэлъ крахмалыр лышх узыфэм ­къе­жьапIэ хуэхъу «акриламиды», «акролеины» жыхуаIэ пкъыгъуэ зэранхэм хуокIуэ. Апхуэдэу ар и зэранышхуэщ гум, тхьэмщIыгъум, жьэ­жьейм. Акролеиным хуэдэу цIыхум зэран  хуэхъу пкъыгъуэ къэгъуэтыгъуейуэ къалъытэ.
Крахмалым къыдэкIуэу, чипсым халъхьэ щабэу зэтеуда прунж е нартыху хьэжыгъэ. Зэра­гъажьэр щыIэм я нэхъ дагъэ пудымрэ Iейм рэщ. Ар къыщIэзыгъэкIхэр цIыхум я узыншагъэм елIалIэркъым, ахъшэ къызэралэжьыным фIэкIа. А псом къищынэмыщIауэ, абы куэду ­халъхьэ шыгъур, натрийм и глютамат пкъыгъуэ зэраныр, консервантхэр.
КIэртIофым къыхащIыкI чипсхэм къа­кIэ­рымыхуу, сату щIапIэхэр къуащ мыIэрысэ, банан, кокос гъэгъуахэмкIэ. Абыхэм сэбэпынагъ къадэкIуэн папщIэ, ахэр духовкэхэм къабзэ­лъабзэу, къэкIыгъэ дагъэ ирамыгъэIусэу ща­гъэгъун хуейщ. «Зи узыншагъэм хуэсакъхэм ­ящIапхъэщ чипсыр зэрымышхыныгъуэри, зэ­раныгъэ фIэкIа зэрыбгъэдэмылъри» - дыщегъэгъуазэ «Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» ФГБУ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм.
ЕджапIэ нэужьым школым къыщIэкIыжа цIыкIухэм ар къащэхури, я адэ-анэхэм ямылъагъуу гъуэгум щашх. Абы трафыхьыж газ зыхэт псы IэфIхэр. ТIури щыIэм я нэхъ зэрану щIэныгъэлIхэм къызэралъытэр жаIэ зэпытщ. Абы щхьэкIэ ар къыщIэзыгъэкI зы IуэхущIапIи зэ­хуащIыжакъым, етхьэкъуакъым апхуэдэхэр зыщэ зы сату щIапIи. ЩIэблэм я узыншагъэм егуауэ IуэхущIапIэ къызэIузыххэм пэрыуэ нобэ-кIэ щыIэкъым, ар зэрызэраныр жаIэ пэтми.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: