ПэхуэщIэхэр купщIафIэу мэлажьэ.

Урысейм и Президентым и унафэкIэ 2019 гъэм къыхалъхьауэ щыта «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хиубыдэу лэжьыгъэшхуэ къыщрахьэлIа щIыналъэхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Къэрал гъуэгухэм тыншу икIи шынагъуэншэу цIыхухэм къыщакIухьыным хуэгъэпса пэхуэщIэр ягъэзащIэкIэрэ 2030 гъэм нэсыху гъуэгу фэбжьхэр хуэди 3,5-кIэ ягъэмэщIэну я мурадщ.

Дызэрыт илъэсым къриубыдэу ди республикэм зыхуей щыхуагъэзэнущ автомобиль гъуэгуу километр 70-м нэс. Абы трагъэкIуэдэнущ сом меларди 4-м щIигъу.

«ЩIыналъэ гъуэгухэр зэIузэпэщ щIын» къэрал проектым  и фIыгъэкIэ гъуэгуу километр 23-м щIигъур къагъэщIэрэщIэжынущ. «Къуажэхэм зегъэужьын» пэхуэщIэм хиубыдэу гъуэгу лэжьыгъэхэр къыщрахьэлIэнущ къуажихым.

Гъуэгу лэжьыгъэхэр асфальтыщIэ телъхьэным деж щиухыркъым. Абы хеубыдэ лъэс зекIуапIэхэр, къэухьхэр, гъуэгу дамыгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, сэкъат зыгъуэта уэздыгъэ пкъохэр зэхъуэкIыныр, гъуэгубгъухэр къэгъэнэхуныр. Апхуэдэу щIыпIэ куэдым зэпрыкIыпIэ шынагъуэншэхэр щащIынущ, гъуэгухэр жэщым къэзыгъэнаIуэ пкъыгъуэхэр щагъэувынущ.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: