ГушыIэхэмрэ ауанхэмрэ

Дыгъэ жьэражьэр ди щхьэщыгу иту, щIыхьэху сщIа си ныбжьэгъухэр си гъусэу мэкъупIэм дыхэтт. Пщыхьэщхьэр гъунэгъу къэхъуати, мэкъуауэныр и кIэм зэрынэдгъэсыным къытхуэнэжа къару мащIэмкIэ зэрытхузэфIэкIкIэ дыхущIэкъурт. Машинэ хьэлъэзешэ макъ къэIуащ. Дыплъэмэ, я лэжьыгъэр яухауэ зы гуп кIуэжырт. Ди гукъыдэжым мащIэу зыкъиIэтыжащ, ди гугъащ ди кIэн къикIауэ. Хабзэм тету «Шхошх апщий» жаIэу сэлам къыдахыу аргъынэ зырыз ди лэжьыгъэм хагъэщIыну, уеблэмэ дыздашэжыну. АрщхьэкIэ дэнэт. «Алыхьым мэкъуауэным гу щывигъахуэ!» - къэгуоуащ ахэр икIи къызытемыувыIэу зыблрагъэхащ. «Си фIэщ хъуркъым гыбзэм я нэхъ IеймкIэ ахэр къытхуэмыупсауэ», - жиIащ зэхихар зи гум щIыхьа, икъукIэ езэша ди зы ныбжьэгъум.

* * *

 Бзэм къигъэув хабзэмкIэ фIэщыгъэцIэхэр зэрамыдзэкIыу зэрыщытым хуэдэу ятх, ауэ ар зигу иримыхьхэри щыIэщ. Урысейм и адрей щIыналъэхэми хуэдэу, адыгэхэми апхуэдэхэр 90 гъэхэм ди мащIэтэкъым.   Журналист ди зы ныбжьэгъу апхуэдэхэр арэзы ищIыну иужь ита хьэмэрэ унафэ къыхуащIа, сытми спорт хъыбархэм ящыщ зы Iыхьэ гукъинэж хъуащ. ЯпэщIыкIэ урысыбзэкIэ ар зэрыщытам щыгъуазэ фыхуэтщIынщ: «В очередном матче чемпионата республики по футболу встречались «Урожай» и «Нива» и сыграли вничью, счет 2:2.» АдыгэбзэкIэ зэрадзэкIа иужь: ««Бэвымрэ» «Вагъэмбэкъумрэ» зэдэджэгуати, бжыгъэр 2:2-уэ, зэрытемыгъэкIуауэ иухащ». Апхуэдэу «Крылья Советов» командэри «Советхэм я дамэ» щыхъуари дощIэж, ауэ ар нэгъуэщI хъыбарщ.

 * * *

Къуажэм сыкIуэжа иужь си цIыхугъэ лIыжь цIыкIу гуэр зэш имыщIэу къызэдауэрт. Тхьэ зыщиIуэрат мы дунейм езым фIэкIа зыми пэж жимыIэу псори пцIыупсу. Псом хуэмыдэу дэ, журналистхэр. Зэгуэр ар къызэлъэIуащ бэзэрым сытехьэу пхъащIэ Iэмэпсымэ гуэр къыхуэсщэхуну. Къэзгъэгугъащ тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу Iэрызгъэхьэну. Ауэ дэнэт, Iэху зэмылIэужьыгъуэ куэд къыслъыкъуэкIри, лъэIур схуэмыгъэзащIэу къэнащ.
СыкIуэжа иужь селъэIуащ къэзгъэпцIа зэрыхъуар къысхуигъэгъуну. «Умыгузавэ, уэ журналистым зэрыкъэбэрдейуэ къыбогъапцIэ, сэ зыр сакъыхэжыжынкъым», - жиIащ дадэм. Сызэрыбгъэзэхуэн щхьэусыгъуэ сиIами, щыIэтэкъым абы и 1эмал еплъыкIэр зэребгъэхъуэжын.

 * * *

Зы зэман си унафэщIу щыта тхакIуэ, журналист Къэрмокъуэ Мухьэмэд сэтуущIэ гуэрым деж сигъэкIуащ, зыгуэркIэ сыхуеупщIу къызжиIар къыхуэсхьыжыну.
СыкъэкIуэжу къызжаIар хуэсIуэтэжа иужь, ар мащIэу хэплъэри: «УкъимыгъэпцIауэ пIэрэ?» - жиIэри къызэупщIащ. Сэри щIалагъэ пщтырагъэр къыстекIуагъэнщ, семыгупсысыщэу: «СыкъигъэпцIам укъызогъэпцIэж», - жысIащ.
«Уэ, щIалэ цIыкIу, урикъуху зыкъегъэгъапцIэ, ауэ сэ сыкъыумыгъэпцIэж», - жиIауэ щытыгъащ.

 * * *

 ЩыIащ зэман кIапсэкIэ унагъуэм щIаша радиом цIыхухэр щедаIуэу щыта. Псом хуэмыдэу «Аркъэн» ауаныщI нэтыныр цIэрыIуэт. Мыбы щаубырт, щагъэукIытэрт хабзэм ебакъуэу къуаншагъэ зыщIахэр, лей зезыхьахэр. 
Зы къуажэ гуэрым я радиор зэрымылажьэм къыхэкIыу цIыхухэр къэтхьэусыхати, ар гулъытэншэу къанэ хъунутэкъым – журналист ягъэкIуащ Iуэхур зэхигъэкIыну. Iуэхур къэзылъахъэр зэхигъэкIыу, къуаншэм зыщыхуигъазэм, япэщIыкIэ къелъэIуащ тэмэму зэрымылажьэр радиомкIэ имыгъэIуну. ИтIанэ къигъэшынэну иужь ихьащ. КIэщIу жыпIэмэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм хуэкIуащ. Журналистыр къыщыхуимыкIуэтым, губжьауэ зыкъыхуигъазэри: «Уэлэхьи, сыарэзымэ жэщ-махуэ имыIэу урикъуху къытебгъэзэжурэ сыкъэптынумэ. Радиор къуажэ псом щыщымылажьэкIэ, хэт узэхэзыхынур, нэгъуэщI щIыпIэ сэ сыкъыщацIыхуркъым», - жиIауэ щытыгъащ. Ауэ абы ищIэртэкъым апхуэдэу зэрызэфIэмыкIынур.

 

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: