ГушыIэр зи щIасэхэр

ГушыIэ дахэм и чэзур икIауэ къыщIэкIынщ. НобэкIэ гушыIэри, ауанри, емыкIури зэхэзэрыхьыжащ. МыхъумыщIэ жызыIэм, зыгъэлъагъуэм жиIэ Iейр яфIэауану щыткъым, атIэ абы иродыхьэшх цIыху куэд. 
ГушыIэкIэ куэд щыIэщ. Интернетым къыщыунэхуа гушыIэрыпсэу мымащIэм теплъэгъуэ телъыджэхэр махуэ къэс дагъэлъагъу. Губзыгъагъи, акъыли, гупсыси зыхэмылъ апхуэдэ теплъэгъуэхэм щыуэркъ мыадыгэ-мыурысхэм цIыхухэр зыгуэрым дыхуагъэсэну, дыхуаущиину зэрыхэтхэр сфIэтелъыджэщ. Къалъхур занщIэу артист мэхъу, абыхэм жаIэри гушыIэу къащтэ. 
 Ей, телъыджэ, хьэдэгъуэдахэ дэзыгъэлъагъухэ! Фи гуащIэр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ ефшэкIи, фи лIыгъэ, зэфIэкI хэфлъхьэ адрей Iуэхугъуэхэм. ГушыIэныр зэчиишхуэщ, апхуэдэ вдэслъагъуркъым фэ. Уи нэкIур сэхусэплькIэ зэхэпцIалэрэ бгъэшхуэ зыпщIу цIапIагъэ жыпIэр гушыIэкъым. АдыгэбзэкIэ бгъэлъагъуэ, жыпIэ ГУШЫIЭМ хуэсакъыпхъэщ. ГушыIэр ауан фымыщI. 
ГушыIэным ирипсэу хъуа куэдыр фадэплъеин хуейщ ди артист нэсхэм. 
 

 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: