Гугъуехьхэм къапикIуэтыркъым

«Зыпэрыт IэщIагъэм къыхуигъэщIащ» зыхужаIэхэм ящыщщ Лэскэн район сымаджэщым неврологыу щыIэ ПщыхьэщIэ Мухьэмэд. Лэжьэн зэрыщIидзэрэ куэд мыщIами, абы зыкъигъэлъэгъуащ зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр нэсу. Мухьэмэд зэфIэкI хъарзынэхэр лэжьыгъэм къызэрыщигъэлъагъуэм щыхьэт тохъуэ абы игъэхъужа сымаджэхэм я фIыщIэ, щытхъу псалъэхэр.
ПщыхьэщIэ Мухьэмэд и адэ Ахьмэди дохутыр-неврологт. Абы къыхэкIыу щIалэм медицинэр и гъащIэм щыщ Iыхьэу къэхъуащ.
- Сызыхуеджэну IэщIагъэр къыщыхэсхыну зэманыр къыщысам, куэдрэ сегупсысакъым, - жеIэ ПщыхьэщIэм. – СызэрыцIыкIурэ медицинэм сыдихьэхат, сыхуейт цIыхухэм садэIэпыкъуну, сымаджэм и узыр щхьэщысхыфу сыхъуну. Нэхъ балигъ сыхъухукIэ щхьэ куцIым и зэхэлъыкIэр, абы и лэжьэкIэр сфIэгъэщIэгъуэн хъурти, «неврологие» унэтIыныгъэр къыхэсхащ.
Мухьэмэд зэрыжиIэмкIэ, дохутырым и лэжьыгъэм нэхъ гугъу дыдэу хэлъыр цIыхум и гъащIэр адэкIэ зэрыхъунур зэлъыта унафэ къэпщтэн хуейуэ къыщыпхуихуэрщ. Абы шэч къытрихьэркъым IэщIагъэлI ныбжьыщIэм и мызакъуэу, илъэс куэдкIэ лэжьыгъэм пэрыта дохутырым дежкIи ар Iуэху тыншу зэрыщымытым. Апхуэдэу щытми, щIалэр гугъуехьхэм щышынэркъым.
- Сытым дежи си адэр щапхъэу сиIэти, сэ сщIэрт къыхэсха IэщIагъэм узыщрихьэлIэнкIэ хъуну гугъуехьхэр зыхуэдэр, - жеIэ ПщыхьэщIэм. – Сэ фIы дыдэу къызгуроIуэ IэщIагъэм уехъулIэн папщIэ сыт щыгъуи уи Iэзагъэм, щIэныгъэм хэбгъэхъуэн зэрыхуейр, а псом къищынэмыщIауи, дохутырым гущIэгъу, шыIэныгъэ хэлъу, гуапэу щытыпхъэщ.
Мухьэмэд къиухащ КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр, интернатурэм «неврологие», ординатурэм «псантхуэ узыфэхэр» унэтIыныгъэхэмкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Ар илъэсиплIкIэ медбрату, илъэситIкIэ дохутыр-неврологыу щылэжьащ Аруан район сымаджэщым и неврологие къудамэм. 2014 гъэ лъандэрэ Лэскэн район сымаджэщым щыIэщ.
- Иужьрей зэманым сымаджэхэр нэхъыбэ хъуащ, - жеIэ Мухьэмэд. – Абы къыхэкIыуи, лэжьыгъэр, шэч хэмылъу, къыптохьэлъэ. Ауэ гугъуехьыр пщегъэгъупщэ узэIэзэм сэбэп узэрыхуэхъуфар щыплъагъукIэ. Дохутырым и лэжьыгъэр къызэралъытэ пщалъэ нэхъыщхьэр сымаджэм иритыж гукъыдэжымрэ и псалъэ гуапэхэмрэщ. Узыр и чэзум къэпхутэмэ, ар куэдкIэ нэхъ гъэхъужыгъуафIэщ, абы къыхэкIыу цIыхухэм я узыншагъэр щIэх-щIэхыурэ къапщытэну къыхузоджэ.

Къумахуэ ФатIимэ.
Поделиться: