Iуащхьэмахуэ щIэупщIэ зиIэхэм ящыщщ

ХьэщIэщхэм пэшхэр къызэрыщащтэмрэ нэгъуэщI къэпщытэныгъэхэмрэ япкъ иткIэ, Урысейм и бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэм екIуалIэ цIыхур зыхуэдизыр зэхагъэкIащ. 2022 - 2023 гъэхэм нэхъ щIэупщIэ зиIэ зыгъэпсэхупIэу тхум яз хъуащ Iуащхьэмахуэ бгыр.

Абы нэмыщI, яIа зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэмкIэ пашэ хъуахэм ящыщщ Сочэ («Красная поляна», «Роза Хутор», «Газпром»), «Архъыз» зыгъэпсэхупIэр (Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ), Шерегеш (Кемеровэ щIыналъэ), Абзаковэ (Башкортостан Республикэ) щIыпIэхэр. Абыхэм псоми зэхэту зыщызыгъэпсэхуахэм я процент 80-р ди къэралым щыщхэщ.

«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм щыIахэм я нэхъыбэр зыщыщыр Москварэ Москва областымрэщ. Бгы-лыжэ къежэхыпIэм зыщызыгъэпсэхуну кIуам и дэтхэнэ ещанэри ди къалащхьэм къикIат, адэкIэ къакIэлъокIуэ Ставрополь, Краснодар, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Дагъыстэн щIыналъэхэм, Дон Iуфэ Iус Ростов къалэм щыщхэрщ. ЗыгъэпсэхуакIуэхэр ику иту ди щIыналъэм щыIащ махуищ-плIыкIэ. Нэхъыбэ дыдэу зыгъэпсэхуакIуэхэр дыщиIар ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэмрэ (дыгъэгъазэм и 28-м къыщыщIэдзауэ щIышылэм и 8 пщIондэ) мазаем техуа зыгъэпсэхугъуэхэмрэщ (23-м къыщыщIэдзауэ 26 пщIондэ).

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: