Гъэ псом елэжьынущ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хиубыдэу Налшык и уэрамхэм ящыщ куэдыр зыхуей хуагъазэ.

Мы зэманым гъуэгу лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI Къэбэрдей уэрамым (Идарым и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Осетин уэрамым нэсыху), Осетин уэрамым (Мэлбахъуэмрэ Суворовымрэ я цIэхэр зезыхьэхэм я зэхуакур, Къалмыкъымрэ Щоджэнымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм (2-нэ Тамань дивизием и цIэкIэ щыIэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Полевой уэрамым нэсыху), Мэзлом и цIэр зезыхьэуэрамым (2-нэ Тамань дивизэм и цIэр зезыхьэ уэрамым щегъэжьауэ Профсоюзнэ уэрамым нэсыху), Пятигорскэ уэрамым (ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Уэлджырым и цIэр зезыхьэ уэрамым нэсыху), Нэхущым и уэрамым (КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Осетин уэрамым нэсыху), Руставели и цIэр зезыхьэ уэрамым (2-нэ Тамань дивизэм и уэрамым къыщыщIэдзауэ Профсоюзнэ уэрамым нэсыху).

Мы уэрамхэм (псори зэхэту 8 мэхъу) жьы хъуа асфальтыр щIэкIэ щызэрахъуэкIынущ. Осетин, Къэбэрдей, Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамхэм нэхъ лэжьыгъэшхуэхэр къыщрахьэлIэ икIи абыхэм транспорт гъуэгухэр сатыриплIу ирикIуэу ящIынущ.

Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Къалмыкъым и цIэр зезыхьэмрэ Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Профсоюзнэмрэ уэрамымрэ я зэхэкIыпIэхэм хуэзэу щаухуэнущ хъурейуэ къекIуэкI транспорт зэблэкIыпIэхэр.

ЗэIузэпэщ ящI уэрамхэм мы гъэр икIыху лъэс зекIуапIэхэр зыхуей щыхуагъэзэнущ, гъуэгубгъухэр къагъэнэхунущ, дамыгъэхэр къагъэщIэрэщIэжынущ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:

Читать также: