Сабийхэм я нэIэ тетщ

ЩIэныгъэ гуэдзэн щIэблэм щрату Налшык дэт «Эрудит» центрым илъэс куэд хъуауэ хабзэфIу къыщокIуэкI сабий сымаджэхэм ядэIэпыкъуныр.
 «Ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъ сабийхэр щапIыж къалэ унэ-интернат» ГКУ-м щыIэ цIыкIухэр сыт щыгъуи хуэдэу къапэплъэрт хьэщIэхэм. Центрым и лэжьакIуэхэмрэ абы и гъэсэнхэмрэ я къарукIэ зэхуахьэса тыгъэхэр яIыгъыу интернатым и пщIантIэм щыдыхьэм, бысымхэр гуапэу къапежьащ. Псори щызэхуэса утыкур нэхут, зыхуей хуэзэу зэлъыIухат. Зэпсэлъэныгъэ гуапэхэр зэфIэкIри, цIыкIухэм хуаша тыгъэхэр иратащ. Абы иужькIэ  цIыкIухэм папщIэ ягъэхьэзыра концертыр ягъэлъэгъуащ.
Сабийхэр щIагъэдэIуащ мамырыгъэм, сабиигъуэм, лъахэм, зэныбжьэгъугъэм ятеухуа уэрэдхэм, усэхэм. Апхуэдэу абыхэм ягъэзэщIащ ди къэралым, ди республикэм щыпсэу лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я къафэхэмрэ пшыналъэхэмрэ. ЦIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнт зэхахри ялъагъури, уеблэмэ сценэм итхэм зэрадежьууным хэту. 
Интернатым щыIэ цIыкIухэми къахэкIащ хьэщIэхэм ящIыгъуу утыкум къихьахэр. Псом ящхьэращи, гъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ къызыпикIухьа сабийхэм я гукъыдэжыр къаIэтащ. Сыт щыгъуи хуэдэу, унэ-интернатым и унафэщIымрэ лэжьакIуэхэмрэ а псори къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ къыхуащIащ. «Эрудит» центрым и зэфIэкI псори ирихьэлIэнущ ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъ сабий зеиншэхэм я хьэлъэр, мащIэу нэхъ мыхъуми, ящыгъэпсынщIэным теухуауэ IуэхущIапIэхэм я кум дэлъ зэпыщIэныгъэр егъэфIэкIуэным.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: