Псы къиугъуэ лъэхъэнэм зыхуагъэхьэзыр

Ди республикэм и гидротехникэ ухуэныгъэхэр псы къиугъуэмрэ псыдзэм и къехыгъуэмрэ хуагъэхьэзыр. Абыхэм нобэ яIэ щытыкIэр къипщытащ «РусГидро» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къызэригъэпэща комиссэ щхьэхуэм.
Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, IэщIагъэлIхэр хуэбэлэрыгъыркъым къудамэм къегъэщIылIа объектхэм. Абыхэм зыхуей хуэзэу къапщытащ псыIущIэхэм, псы щIэжыпIэхэм, псы дэжыпIэхэм, псыр къызэрыраш насосхэм, Iэмэпсымэхэм я щытыкIэр, псыхэм я кууагъымрэ пIалъэкIэ абыхэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэмрэ. Комиссэм хэтхэм апхуэдэу зрагъэлъэгъуащ гидротехникэ ухуэныгъэхэм къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэр къыщымыгъэхъуныр зи пщэ дэлъ IэнатIэр зыхуейхэмкIэ къызэрызэгъэпэщамрэ абы и лэжьакIуэхэр Iуэхум зэрыхуэхьэзырымрэ. Абыхэм апхуэдэу драгъэкIуэкI къэхъукъащIэхэм пэщIэтыным ехьэлIа дерс зэмылIэужьыгъуэхэр.
ЗэгъэтIылъэкIыпIэ зимыIэ Iуэхухэм ящыщщ гидротехникэ ухуэныгъэхэм я лъабжьэхэр псым къимыгъэтIэсхъэн хуэдэу гъэбыдэныр, абыхэм щIэт Iэмэпсымэхэр хъумэныр, зыхуэныкъуэ пкъыгъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр. 
Псыдзэм хуэдэу гидроэлектростанцхэм къаруушхуэ зытрагъэкIуадэ щыIэкъым. Ахэр къызэрызэгъэпэщамрэ Iуэхум зэрыхуэхьэзырымрэ елъытащ цIыхухэри ухуэныгъэхэри щытыкIэ гугъум къишыныр. Ди республикэм и гидротехникэ ухуэныгъэхэм я щытыкIэм хуэбэлэрыгъынукъым псы къиугъуэ лъэхъэнэр щиух фокIадэ мазэм техьэху.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: