Я зэфIэкI псори ирахьэлIэ

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щаухуэ псы къагъэсэбэпар къызэрыдаш коллекторыщIэ.
Иджырей мардэхэм тету кърахьэлIэ лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп пкъыгъуэхэр щыIэхэм я нэхъыфIщ. Линэр яукъуэдиинущ Азау хуейм къыщыщIэдзауэ Эльбрус къуажэм нэсыху. Илъэс блэкIам и кум яубла ухуэныгъэр, щIыпIэр мывалъэу зэрыщытми емылъытауэ, псынщIэу икIи сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэфIагъэкIыным яужь итщ.
Ухуэныгъэхэм текIуэдэнущ къэралым, республикэм я бюджет ахъшэу сом зы мелард. ЩIэуэ яухуэ коллекторым и фIыгъэкIэ псыр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэм я зэфIэкIым тIукIэ хэхъуэнущ.
Лэжьыгъэ псори илъэсым и кIэм зэфIагъэкIыну я мурадщ. 
Эльбрус жылэм апхуэдэу щаухуэ къупщхьэ къутахэм щеIэзэ къудамэ зыхэт щIыпIэ сымаджэщ. Тырныауз къалэм дэт, школакIуэ 700-м нэс щеджэ лицейр, лъэпкъ музейр, щIыналъэ библиотекэр зэрагъэпэщыж. А псом къадэкIуэу, зыхуей хуагъазэ къалэм и утыку нэхъыщхьэр. 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: