Уэрэдыжьхэр макъ жьгъырукIэ игъэIурт

 КъБР-м и цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къуныжь Хьэждал Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм къыщалъхуащ I93I гъэм мазаем и 3-м. Езым къиIуэтэжауэ зэрыщытащи, уэрэд жыIэным Хьэждал дезыгъэхьэхар и адэ ТIатIущ. Абы уэрэдыжьхэр дахэу жиIэрт, ахэр Хьэждал и гум ириубыдэрт, апхуэдэурэ, гукъэкI ищIат езым хузэфIэкIми еплъыжыну. И ныбжьэгъухэм яхэсмэ, гуп яхэтмэ, уэрэд зэпэдзыжхэр къыхадзамэ, фIэфIу ядипхъуатэрт. Къуныжьым япэу игъэзэщIахэм ящыщщ «Андемыркъан» и уэрэдыр. Зыми пимыщIу, жиIэрейуэ щытащ цIыхубэми фIыуэ яригъэлъэгъуа «СыныпхуокIуэж» уэрэдыр...
Къуныжь Хьэждал балигъыпIэм щиувэм, механизатору Нартан колхозым лэжьэн щыщIидзащ. Уэрэд жыIэныр сыт хуэдизу фIыуэ имылъагъуми, и гъащIэр а Iуэхум триухуэну и гум къэкIыртэкъым. Хьэждал и гъащIэр мэкъумэш IэнатIэм ирипхыну къыщIэкIынт, а зэманым щыIа «Къэбэрдей» къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупыр Нартан къуажэм концерт ятыну кIуауэ щымытамэ. «Уэрэд дахэу жеIэ» жаIэу, гупым я унафэщIым бгъэдашауэ щыта щIалэщIэм игъэзэщIа «СыныпхуокIуэж» уэрэдыр псоми я гум ирихьат.
Радиомрэ телевиденэмрэ къахыхьэу, уэрэд зыбжанэ иригъэтха нэужь,  IэнатIэм и унафэщIхэми къагурыIуащ уэрыджыIакIуэ Iэзэ, макъ телъыджэ иIэу къызэрыунэхуар. ИкIи радиом едаIуэхэр щIэмычэу абы тхэрт,  Хьэждал и уэрэд девгъэдаIуэ жаIэу. Гум, псэм дыхьэу абы жиIэрт лъагъуныгъэ, гушыIэ уэрэдхэри уэрэдыжьхэри. Уэрэду игъэзащIэр цIыхубэм гунэс ящыхъурт, къыщIэлъэIурт. 
Нобэми цIыхубэм ящыгъупщэркъым, икIи зэпадзыжу жаIэуи щызэхэпх къохъу Хьэждал игъэзащIэу щыта и уэрэдхэр.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: