КъалэныщIэхэр къапоплъэ

Мы илъэсым къриубыдэу Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэIуахынущ километрихым щIигъу зи кIыхьагъ бгы лыжэ къэжыхьыпIэщIэхэр. 
Гъуэгухэм я гугъуагъым елъытауэ, я плъыфэкIи зэщхьэщыкIыу гуэшауэ щытынущ. КъищынэмыщIауэ, кIапсэ гъуэгуитIи щIэуэ яукъуэдиинущ, зым километритIым щIигъу, адрейм зы километр иримыкъу я кIыхьагъыу.
Къапщтэмэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ кIапсэ гъуэгуу щы, бгы лыжэ къэжыхьыпIэу 6 иджыпсту щыIэщ. Абыхэм щытыкIэ хъарзыни яIэщ, ди республикэм зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэр сыткIи арэзы техъуэу. Ди республикэм мы гъэм цIыхуу зыщызыгъэпсэхуам я бжыгъэр зы мелуаным фIыуэ фIишащ. Псом ящхьэращи, а бжыгъэр илъэситI пIалъэм къриубыдэу мелуани 2,5-м нагъэсыну я мурадщ. Иджыпсту щыщIэдзауэ а къалэныр зи пщэ далъхьахэр а Iуэхум толажьэ, бэлэрыгъыпIэ ямыIэу.
Иджыпсту нэхъапэр а щIыпIэхэр дунейпсо мардэхэм зыкIи къакIэрымыхуу зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщынырщ икIи ар къазэрехъулIэнум шэч къытрахьэркъым. Ди Iуащхьэмахуэ Европэм и къурш нэхъ лъагэщ, къэмыхъуауэ щIыпIэр дахэщ, и щIыуэпсыр къабзэщ. Аращ къэралыгъуэ куэдым щыщхэм ар зрагъэлъагъуну, абы зыщагъэпсэхуну я нэ къыщIикIыр.
Ди щIыналъэм турист нэхъыбэ къешэлIэным ехьэлIа лэжьыгъэ щхьэхуэхэри зэфIагъэкIыну хунэсащ: ди цIыху IэпщIэлъапщIэхэм цы къабзэм къыхащIыкIа щыгъыныгъуэхэмрэ алэрыбгъу IэрыщIхэмрэ щащэ икIи хьэщIэхэм яфIэфIу зыщаплъыхь бэзэрыр зэIузэпэщ ящIащ, автотранспорт гъэувыпIэхэр яухуащ. Бэзэрым къищынэмыщIауэ а щIыпIэм щаухуащ ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр щагъэхьэзыр щхапIэхэр, сату щIапIэхэр. Псом хуэмыдэу хьэщIэхэр щогуфIыкI нэгузыужь зэхыхьэхэм тещIыхьауэ яухуа утыку иным.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: