Зауэшхуэм и зы махуэ закъуэ

Ди къэралым и дэнэ щIыпIи хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрми мы махуэхэм щокIуэкI 1941 - 1945 гъэхэм щыIа Хэку зауэш­хуэм СССР-м текIуэныгъэ къы­зэ­рыщихь­рэ илъэс 78-рэ зэрыхъур гъэ­лъэпIэным хуэ­гъэпса лэжьыгъэ зэ­мылIэужьыгъуэ­хэр. Къызэрагъэпэщ гъэ­лъэгъуныгъэ куп­щIафIэхэр, щэнхабзэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр, тхыдэр зи лъабжьэ зэIущIэ инхэр. Iуэхум хьэ­лэ­мэту щыбгъэдыхьащ Шэрэдж районым. Абы щагъэуващ Хэку зауэшхуэр зэре­кIуэкIа зэманым щыщу зы махуэ закъуэ уи нэгу къыщIэзыгъэхьэж теплъэ­гъуэхэр. 

«ТекIуэныгъэм ухуэзышэ гъуэгухэр» фIэщыгъэр зиIэ, макъамэрэ тхыдэм щыщ Iыхьэхэу зэхэгъэува лэжьыгъэ купщIафIэт ар. Ар къызэгъэпэщынымкIэ икIи егъэ­кIуэкIынымкIэ жэрдэмыр зейр Къул Амир зи пашэ, уэрэдымрэ къафэмкIэ театр «АмикС» гупыращ. Шэрэдж щIыналъэм и щIыпIэ цIэрыIуэхэм ящыщ «Псыжь» хэ­щIапIэм, Зэрэгъыж къуажэм и гъунэгъуу щыIэм, щагъэуват махуэ псокIэ екIуэкIа спектаклыр. Абы и теплъэгъуэхэм къыщыгъэлъэгъуат Хэку зауэшхуэм и 1409-нэ махуэр. Зауэшхуэр иухыным махуи 9 фIэкIа къэмынауэ, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, совет зауэлIхэу Берест Алексей, Егоров Михаил, Кантарие Мелитон сымэ, Сьянов Ильяи я дэIэпыкъуэгъуу, ТекIуэныгъэм и Бэракъыр Берлин и Рейхстагым фIадзауэ щытащ абы щыгъуэ. А зэман жыжьэм екIуэкIауэ щыта Iуэхугъуэхэр дэтхэнэми нэрылъагъу щыгъэхъуныр, къыт­щIэхъуэ щIэблэм гурэ псэкIэ зыхегъэ­щIэныр мураду зыхуагъэувыжат Iуэхум и жэрдэмщIакIуэхэм. 
- Махуэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэхьэзыращ Iуэхугъуэм, зауэ зэманым фронтым щы­щыIа щытыкIэр, езы зэуапIэ губгъуэр «къэгъэщIыным» дыхущIэкъуу. Духуащ щIыунэхэр, мэз лъапэм щыдгъэуващ сэлэт пщыIэхэр, зауэлIхэм ящыгъа фащэри яIыгъа Iэщэри блэкIа зэманым зэ­рыщытам хуэдэу къызэрызэдгъэпэ­щы­ным иужь дитащ, - жеIэ «АмикС»-м и художественнэ унафэщI Къул Амир. - Къи­нэ­мыщIауэ, набдзэгубдзаплъэу щIэ­д­джыкIащ Хэку зауэшхуэм и 1409-нэ махуэм ­ехьэ­лIауэ щыIэ тхыдэ литературэр, кинофильмхэм деплъыжащ. Уеблэмэ лэжьыгъэм къыхэтшащ тхыдэджхэр, къетхьэжьа Iуэхум пэжыр и лъабжьэу щытыным ды­хуэсакъыу. ЖыпIэнурамэ, псори де­лIэлIащ лэжьыгъэр зэпэщу, къыкъусаныгъэншэу къызэгъэпэщыным, екIуу зэ­рыд­гъэ­зэ­щIэнми дыхущIэкъуащ. 
Лэжьыгъэр зэфIэгъэкIыным я къаруи, мылъкуи, зэмани ирахьэлащ зи щIалэ­гъуэ­хэми, нэхъыжьхэми, ныбжьыщIэхэми. КъБКъУ-м и студенткэ Къул Дисанэ «Урысей щIалэгъуалэм я зэгухьэныгъэм» къэ­ралпсо махуэщIым ипэ къихуэу къыхилъ­хьа проектхэм хэтри, грант къихьэхуати, ар хьэлэлу хилъхьащ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр гъэлъэпIэным. Зэрэгъыж жылэ Iумахуэм дэсхэри лъэныкъуэегъэзу щытакъым. Абыхэм Iуэхум кърахьэлIащ жэр­дэмщIакIуэхэр зыхуэныкъуэ хьэпшып­хэр, ерыскъыхэкIхэр, транспорткIэ къы­зэрагъэпэщащ. 
Махуэшхуэм и мыхьэнэр нэхъри яIэтащ зауэ теплъэгъуэхэм хэплъэну абы зыкърезыхьэлIа хьэщIэ лъапIэхэми. Апхуэдэхэт КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, ОВД-рэ ВВ-рэ я ветеранхэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Былымгъуэт Беслъэн, дзэ къулыкъу­щIапIэхэм я ветеранхэр, «Армие ныбжьыщIэ» зэгухьэныгъэм хэтхэр, щIыналъэм щыпсэухэр, абы щылажьэ курыт школхэм я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIу­хэмрэ. Дзэ-губгъуэ лагерым ап­хуэдэу екIуэлIат Шэрэдж районым, республикэм щызэхэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэри. 
- Ди къэралышхуэм зы унагъуи ису къы­щIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм и гузэвэ­гъуэр зылъэмыIэсарэ абы и бэлыхьхэр зымышэчарэ. Абы къыщытхьа ТекIуэныгъэ Иныр Хэкум щыпсэу дэтхэнэм и дежкIи фIыгъуэ мылъытэщ. Советыдзэм и зауэлI хахуэхэм, ди лIыхъужьхэм, къэралым и цIыху псоми я псэемыблэж лэжьыгъэр, зэфIэкI къызэрымыкIуэхэр зи щIыбагъ къыдэлъ а текIуэныгъэм уасэшхуэ зэ­рыщIэттари зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, - жиIащ Шэрэдж районым и администрацэм и Iэтащхьэ Кульбаев Алан. – Нобэ дызыхэт Iуэхугъуэр Хэку зауэшхуэм зи гъащIэр ихьа ди цIыхухэм я фэеплъщ, апхуэдэуи гъунэгъу щIыналъэм къэралым щригъэкIуэкI дзэ операцэ хэхам хэтхэми гурэ псэкIэ дазэрыщIыгъум и щыхьэтщ. 
ТекIуэныгъэм ухуэзышэ гъуэгухэр, дауи, тынштэкъым. Хэку зауэшхуэр зэрекIуэкIа илъэсиплIым нэсым и зы махуэм «Псыжь» деж щыкIэлъыплъахэм ар иджыри зэ ­хьэкъыу я фIэщ хъуащ, гурэ псэкIи зыхащIащ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ нэхъ­рэ нэхъ фIыгъуэ зэрыщымыIэр. «АмикС»-м игъэува теплъэгъуэхэр абы и щыхьэтт. Гуп зэчиифIэм хэтхэм ягъэхьзыра лэжьыгъэ купщIафIэм къызэщIиубыдащ зауэ теплъэгъуэхэри, зауэлIхэм я зыгъэп­сэхугъуэ мащIэри, хэкупсэ уэрэдымрэ макъамэмри увыпIэ щагъуэтащ. Уэрэдымрэ къафэмкIэ театрым хэтхэм я гъусэу концертым хэтащ КъБР-м и Макъамэ ­театрым и уэрэджыIакIуэхэр, Урысей гвардием и оркестрыр. 
ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм и щIыхькIэ къы­зэрагъэпэща Iуэху дахэм хэтахэр ягъэпэжащ республикэм и министерст­вэхэм, щIыпIэ администрацэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ. Лэ­жьыгъэр екIуу, купщIафIэу зэфIагъэкIа нэужь, хэгъэрейхэм хьэщIэхэм гуфIэгъуэ Iэнэ къыхуащтащ. 

ТАМБИЙ Линэ. Шэрэдж щIыналъэ.
Поделиться: