«Шемякиным и гъатхэр»

КъБР-м фIыуэ щацIыху сурэтыщI цIэры­Iуэ Къардэн-Шемякин Михаил и Iэдакъэ­щIэкIхэм цIыкIухэр нэхъыфIу щыгъуазэ ­хъун папщIэ, илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шемякиным и гъатхэр» зыфIаща, сабий зэ­чиифIэ­хэр щызэпрагъауэ зэхьэзэхуэхэр гъэ къэс ирагъэкIуэкI. 

Зи гугъу тщIы зэпеуэр мэлыжьыхьым и кIэм­ Налшык иджы 13-у щекIуэкIащ. ­КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, Гъуаз­джэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм щыIэ институ­тым, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэ­ны­гъэмкIэ и министерствэм, иджыри IуэхущIапIэ зыбжанэм я нэIэ щIэту екIуэкI мы зэ­хьэзэхуэшхуэм наIуэ къыщохъу и пщэдейрей махуэр уэрэдым, сурэтым, IэпщIэ­лъап­щIа­гъэм триухуэн хуэдэу зэфIэкI зыбгъэдэлъ сабийхэр икIи гъуэгу махуэ щрагъажьэ. 
 Сурэтым щыфлъагъу Гъуэгунокъуэ Бэлли абыхэм язщ. Налшык дэт, гъуазджэмкIэ еджапIэ №1-м уэрэд жыIэкIэ зыщезыгъасэ хъы­джэбз цIыкIум «Гъуазджэм и дуней щIэ­ращIэр» зэпеуэ къудамэм япэ увыпIэ къыщихьащ. НыбжьыщIэр игъэхьэзыращ Шэвло­къуэ Маринэ. ЕджапIэм и унафэщIыр Темыркъан Людмилэщ. Бэллэ и ехъулIэныгъэхэм адэкIи хигъэхъуэну дохъуэхъу. 

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться: