Дэтхэнэ зыри и гъащIэ гъуэгуанэм щыхуозэ цIыху куэдым: фIыхэми Iейхэми, хьэлэлхэми къузгъунхэми, нэгу зэIухахэми гукъыдэжыншэхэми, гъащIэ и пIалъэ зыщIэу абы Iущ ищIахэми псэун щIэзыдзэгъащIэхэми. Языхэзри зыгуэркIэ къытхуэщхьэпэщ, зэхэщIыкI диIэнымкIэ, гъащIэр къыдгурыIуэнымкIэ сэбэпышхуэ къытхуэхъуу. Я кIэн къикIащ цIыху губзыгъэм, Iущым, пэжым, дунеймрэ гъащIэмрэ хуэнабдзэгубдзаплъэм епсэлъэну Iэмал зиIахэм. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, абы и лъэныкъуэкIэ сынасыпыфIэу зыкъызолъытэж - цIыху цIэрыIуэ, телъыджэ куэд соцIыху. Абыхэм ящыщщ нобэ зи гугъу фхуэсщIыну си Iыхьлы, цIыху гъэщIэгъуэн Нало Заур Мыхьэмэт и къуэр.
Ар, зэрыфщIэщи, щIэныгъэлIщ, IуэрыIуатэджщ, жылагъуэ лэжьакIуэщ, Адыгэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэщ. Адыгэ лъэпкъым ехьэлIауэ абы хузэфIэкIам куэд тражыIыхьащ иджыри илъэс IэджэкIэ и гугъу ящIынущ. Ауэ сэ абы сызэрытепсэлъыхьынур унэкъуэщым, Iыхьлым ехьэлIауэ сщIэм, Налохэ я нэхъыжьыфIу, цIыху Iущу зэрыщытам ипкъ иткIэщ.
Си Iыхьлы гъунэгъу дыдэу щымытми (зэрыфщIэщи, Кавказым зэблагъэ гъунэгъу дыдэу къыщалъытэ зэшыпхъу, зэкъуэш бынхэр, абыхэм къащIэхъуэжахэр), Заур и гъащIэм, и гуащIэм сыщыгъуазэт. Си адэм къызжиIэрт абы сабийхэм папщIэ итха таурыхъхэр, ар зэрытхакIуэр, IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсыжхэм зэращыщыр. Ауэ и щхьэкIэ зэзгъэцIыхуну къыщысхуихуар студент сыхъуа иужьщ.
НыбжьыщIэхэм ар къызэрыдэпсалъэр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, дэтхэнэми абы зыкъытхуигъазэрт «си къуэш цIыкIу» гъэфIэн псалъэхэмкIэ. ЖиIэр гъэхуауэ, хэкъузауэ зэрыщытым плъэмыкIыу узыIэпишэрт, къыжьэдэкI псори уи псэм фIэфIт. Ауэ къызэрыгуэкIыу уедэIуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым Заур. Сэ сыкъапщтэмэ, сыумэзэхауэ сыщыст, абы зыгуэр щыжиIэжкIэ. Мыхьэнэншэ, купщIэншэ псалъэ тафэтелэу зы хэттэкъым, зытепсэлъыхьым фIыуэ зэрыхищIыкIыр хьэкъыу уи фIэщ ищIыфырт. ЖьакIуагъэр и лъым хэту къызэралъхуам шэч къытрыуимыгъэхьэу узригъэдэIуэфырт, зы псалъэ гулъытэншэ пщIынкIэ ушынэми ярейуэ. Дэнэ щIыпIэ мыкIуэми, сыт хуэдэ гуп хэмыхуэми, ар зэрахыхьэр лъапэт, къазэрыхэкIыжыр напэт.
Ар сыт и лъэныкъуэкIи цIыху зэщIэкъуат: и теплъэкIэ зэкIужт, Iэчлъэчт, и IуэхущIафэкIэ пыплъхьэн щымыIэу и пщэ къыдэхуэ сыт хуэдэ Iуэхури зэфIигъэкIынут, и псалъэм зэрытебгъуэтэжынум шэч лъэпкъ хэлътэкъым. СызэрыцIыкIурэ тхыдэм сыдехьэх сэ, цIыхубэм ехьэлIами, къэралымрэ сыкъыщалъхуа лъахэмрэ ейхэрами. Ди лъэпкъым щыщхэм ящIэрт Налохэ ятеухуа тхылъ Заур зэритхыр, ауэ, етхри етх жыхуаIэу, зыми гулъытэ лей а Iуэхум хуищIыртэкъым. Ди гугъэт Заур ар и къалэну, абы ар имыщIынуи ди нэгу къытхущIэгъэхьэртэкъым.
СощIэж щабэ дыдэу ар къызэшхыдауэ зэрыщытар си адэм и сурэт зыщIэлъэIуар псынщIэу зэрыIэрызмыгъэхьам щхьэкIэ. Абы и псалъэхэр нэсу къыщыспкърыхьар, къыщызгурыIуар тхылъыр къызэрыдэкIынум щыхуигъэхьэзырым щыгъуэ сыдэIэпыкъун щIэздза иужьщ. Ди цIыхушхуэм ныбжьыр къытегуплIэ зэрыхъуар, и гуащIэр мащIэ-мащIэурэ зэрыкIуасэр слъэгъуа нэужь, сегупсысащ: Налохэ тщыщ дэтхэнэми теухуа тхылъыр дэнэ нэсауэ пIэрэ? Зэи тIэуи сыкъэкIуащ Заур деж, сэбэп сыткIэ сыхъуфынуми сеупщIащ. Сигъэлъэгъуащ илъэс зыбжанэ хъуауэ зэлэжь тхылъыр. Нэхъыбэр зэфIигъэкIат, къэхутэныгъэ лэжьыгъэмрэ цIэ-унэцIэхэр къыщыхьа напэкIуэцIхэмрэ компьютеркIэ тедзат. Иджы къытпэщылъыр таблицэу щIа лъэпкъ жыгыр электроннэ щIынырт. Ар Iэрытх напэкIуэцIу щэм щIигъурт. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт ар абы зэрелIэлIар: IэкIэ а псор иритхъэу, цIыху къэс щыпсэуа илъэсхэр, ахэр IыхьлагъкIэ зэрызэпыщIар игъэнаIуэу. Шэч хэлъкъым ахэр абы зыбжанэрэ къызэрыритхыкIыжами. Сыт хуэдиз зэман и гъащIэм щыщу Заур абы тригъэкIуэдар, сыт хуэдиз махуэ архивхэм щигъэкIуар, тхылъхэмрэ газетхэмрэ ит тхыгъэхэр зэригъапщэу, хъыбархэр зэхуихьэсыжу, цIэ-унэцIэу бжыгъэншэхэр зыкIэлъихьыжу, зэригъэзэхуэжу, гъунэгъу щIыналъэхэм щыщ къалэхэм, къуажэхэм щыщу Налохэ я гугъу зыщIыфынухэр къигъуэтрэ къигъэпсалъэу? Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ.
Егъэлеяуэ сыхуэарэзыщ сэ ди нэхъыжьыфIым дзыхь къызэрысхуищIам папщIэ. Пэжыр жысIэнщи, сэрамэ си фIэщ хъуртэкъым апхуэдэу уасэншэ Iэрытхыр зыгуэрым естыфыну. Елэжьын щIэздза нэужьщ Заур и IэдакъэщIэкIым къарурэ зэфIэкIыу ирихьэлIар зыхуэдизыр нэсу къыщызгурыIуар. ЖыпIэнуракъэ, компьютеркIэ зыхуей хуэзгъэзэн фIэкIа сызэримыкъалэну а лэжьыгъэр сэ мазэ бжыгъэкIэ схуэщIа къудейщ (пэжщ, зэман щызиIэмрэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэмрэт сыщелэжьыфыр).
Иджыри зы Iуэхугъуэ сфIэгъэщIэгъуэнащ. Нало лъэпкъыр къызытепщIыкIар осетинхэрщ - зэман жыжьэм Къэбэрдейм къэIэпхъуа дигорхэрщ. Илъэсхэм дыкъыпхыкIыху, дэ адыгэм дахэшыпсыхьащ, нобэ дыадыгэ нэсуи зыкъыдолъытэж, ди лъабжьэр тщIэми, ди тхыдэм фIыуэ дыщыгъуазэми. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым щылэжьэху, цIыхубэ IуэрыIуатэр джыным, таурыхъхэмрэ Iуэтэжхэмрэ тхыным, анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр зэрыиныр цIыхухэм я деж нихьэсыным яужь итащ Заур. ИкIи гурыIуэгъуэщ къызыхэкIа лъэпкъым теухуа и тхылъыр куэд щIауэ и анэдэлъхубзэ хъуа адыгэбзэмкIэ зэритхар. Адыгэбзэр фIыуэ зэрыдмыщIэм къыхэкIыу, сэри нэгъуэщIхэми тхылъыр нэгъэсауэ къазэрыгурымыIуэнур Заур щыжесIэм, жэуапу къызитащ: «Анэдэлъхубзэр зэвгъэщIэн хуейщ». Мис а псалъэхэм къагъэлъагъуэ Заур - зи хэкур, зи бзэр фIыуэ зылъагъу цIыхушхуэм - и дуней тетыкIари и Iуэху еплъыкIэри.
Сэ лъэпкъ куэдым теухуа тхылъхэр слъэгъуащи, и зэхэлъыкIэкIи, къызэщIиубыдэ IуэхугъуэкIи, пэжагъкIи дыдейм пэхъун срихьэлIакъым. Ди къежьапIэр, лъэпкъым и тхыдэр тщIэ къудейр мащIэщ, ар тхауэ уимыIэмэ, къикIIакъым, япэ къэсми абы зыгуэр хыжиIыхьыфынущ, зэрымыщIэкIэ пцIы гуэрхэри «хэпща» хъуныр зыхуэIуа щыIэкъым. Хуабжьу дыхуэарэзыщ, къытщIэхъуэ щIэблэми зэи ящыгъупщэ хъунукъым дэ Заур къытхуищIар. Егъэлеяуэ ди кIэн къикIат Налохэ Заур хуэдэ дызэриIамкIэ, апхуэдиз лэжьыгъэ и пщэ дилъхьэжрэ ар пщIэ пылъу и кIэм нигъэсыфу.
Си гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым узыщрихьэлIэ дэтхэнэ зы унэцIэми апхуэдэ цIыхушхуэ иIэну, лъэпкъ тхылъ зэрагъэпэщыфыну, къащIэхъуэ щIэблэм абы итыр ящIэн, зэман-зэманкIэ абы дыщIагъун хуэдэу.
P.S. Налохэ Юрэ къызэрытцIыхуар зи фIыщIэр зи гугъу ищIа тхылъыр, Налохэ я лъэпкъым теухуар, урысыбзэкIэ зэрыригъэдзэкIыну къызэрырихьэжьарщ. ТфIэгъэщIэгъуэн хъуащ ар къызыхихар, сыту жыпIэмэ нобэрей зэман гугъум куэд урихьэлIэнукъым апхуэдэ гупыж ищIыну. КъызэрыщIэкIамкIэ, къызыхэкIа осетин лъэпкъым щыщхэми езым хуэдэу адыгэбзэр зымыгъэшэрыуэхэми къагурыIуэну, щIэныгъэлIым и гуащIэм и мыхьэнэр зыхащIэну зэрыхуейращ Iуэхум иужь изыгъэхьар. ФIэигъуэу кърихьэжьар псынщIэ щыхъуну ди гуапэщ

ПащIэ Бэчмырзэ и фэеплъ
Нартан къуажэм дэтым деж. 1979 гъэ. 1979 гъэ