ЗауэлI, егъэджакIуэ, узэщIакIуэ

Я гъащIэ лъагъуэм зэтехуэу куэд хэплъэгъуэнут а тIум. ТIури зауэм ипэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэс хахуэу хэтат, иужькIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрагъэгъуэтат, егъэджакIуэу щызэдэлэжьат Зеикъуэ дэт 2-нэ къуажэ школым. Зи гугъу сщIыр республикэм щыцIэрыIуэу къекIуэкIа егъэджакIуэ, гъэсакIуэ, узэщIакIуэ, зи цIэр уахътыншэу лъэпкъ тхыдэм къыхэна, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм 1921 гъэм къыщалъхуа Багъ Николайрэ ар зи гъусэу ди унагъуэм нихьауэ щыта си лъэпкъэгъу Шафий Хьэчимрэщ. 
Журналист лэжьыгъэм и фIыщIэкIэ Николай иджыри щэней сыIущIэну сыхунэсат. Ауэ, зэ фIэкIа умылъэгъуами, пщыгъупщэжынхэм ящыщтэкъым а нэхъыжь бжьыфIэр, гуапэр, нэмысыфIэр, адыгэлI Iущыр. ФIыуэ зыцIыхуу щыта и ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм кIэухыншэу Багъ Николай и хъыбар куэд ущIагъэдэIуфынут. Апхуэдэ цIыху сызыхуэзахэр мащIэкъым, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, кIуэ пэтми я бжыгъэр хощI. 
Адэ-анэ куэд уарохьэлIэ, я быныр еджэным димыхьэхмэ, и псэр щIэныгъэм хузэIумыхамэ, школ егъэджакIуэхэр ягъэкъуаншэу, езы школыр хуэмыщIауэ къалъытэу.
АтIэ, хэт ищIэнт 1921 гъэм къущхьэхъу щIыпIэу къэплъытэ хъуну Къулъкъужын жылагъуэм Багъ Алий и унагъуэм щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ цIэрыIуэ ирихъуну щIалэ цIыкIу къихъуэну! Николай зыфIаща сабийм зэман хьэлъэри, илъэс тIощI фIэкIа мыхъуауэ дашу илъэсиплIкIэ зыхэта Хэку зауэшхуэри, къыкIэлъыкIуа гугъуехьхэри зэран зыхуигъэхъуакъым щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэригъэгъуэтын папщIэ. Мыбдеж къыщыхэдгъэщынщ Николай зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ орденхэмрэ медалхэмрэ къызэрыратар. Къэрэшей-Шэрджэсым педагогикэмкIэ и институтыр къиухри, япэщIыкIэ Зеикъуэ дэт 2-нэ курыт еджапIэм пэщIэдзэ классым щIэс сабийхэр иригъаджэу лэжьащ, иужькIэ ЛашкIутIэ дэт еджапIэм и унафэщIу икIи егъэджакIуэу щытащ. 
Илъэс 42-кIэ щIэныгъэлI-методисту щылэжьарщ Николай цIэрыIуэ щыхъуар. Абы и лэжьыгъэм ущыхэплъэжкIэ, гу лъыботэ ар цIыхур зэрырагъаджэ щIыкIэм щIэныгъэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ бгъэдыхьэу, акъыл куу иIэу зэрыщытам. Методист-егъэджакIуэхэу, лъэпкъ школым зэрыщрагъэджэн тхылъ зэхэзылъхьахэу зи зэфIэкIрэ щIэныгъэкIэ пщIэрэ фIыщIэрэ къэзылэжьауэ, мащIэкъым диIар. Ауэ ахэр щIэныгъэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэт зытелажьэр. Багъыр адыгэбзэмкIи, урысыбзэмкIи, есэпымкIи егъэджакIуэхэр иригъэджэжу щытащ. 
ЕгъэджакIуэхэм къагъэсэбэпын тхылъу Николай мащIэкъым къыдигъэкIар. Апхуэдэт «Адыгэ пэщIэдзэ классхэм анэдэлъхубзэр зэрыщаджын методикэ», «Есэпым хуегъэджэнымкIэ пэщIэдзэ классым папщIэ тхылъ», «Адыгэ, балъкъэр пэщIэдзэ классым щIэс сабийхэр урысыбзэм хуегъэджэным и тхылъ», «Адыгэ пэщIэдзэ классхэм урысыбзэкIэ псалъэу ебгъэсэным и тхылъ», нэгъуэщIхэри. Куэд мэхъу. Апхуэдэ лэжьыгъэу журналхэм, сборник зэмылIэужьыгъуэхэм къытрадза тхыгъэхэм нэмыщI, тхылъ щхьэхуэу Николай къыдигъэкIащ тIощIым нэблагъэ.
Багъырщ япэ дыдэу адыгэбзэр зэрырагъэджэн методикэ 1956 гъэм къыдэзыгъэкIар. НапэкIуэцI 322-рэ хъу а тхылъыр икъукIэ сэбэпышхуэ егъэджакIуэхэм яхуэхъуащ.
Сабийм къеджэкIэрэ тхэкIэрэ егъэщIэным щIэныгъэ лъабжьэ хуэхъур макъ-хьэрф яджынухэм я зэкIэлъыкIуэкIэрщ. ЩIапхъэщ япэу сабийм егъэщIэн хуейр, сыту жыпIэмэ зэрыщIэбдзэм елъытащ абы щIэныгъэр къызэрехъулIэнур. КъеджэкIэрэ тхэкIэрэ егъэщIэным щIэныгъэ лъабжьэ хуэхъур макъ-хьэрф яджынухэм я зэкIэлъыкIуэкIэрщ. БгъэдыхьэкIэ, Iэмал куэд пыщIащ бзэр сабийм тэмэму егъэджыным. Багъым и методикэр къыдэкIыху, адыгэбзэм ар щыубзыхуауэ щытакъым, щхьэж къызэрилъытэм, зэрыфIэтэмэмым хуэдэу иригъаджэ мыхъумэ. Абы щыгъуэми нэхъыбэу зыхущIэкъур урысыбзэкIэ къеджэкIэрэ тхэкIэрэ зэрырагъащIэм адыгэбзэм и макъ-хьэрфхэр егъэджыныр ещхь зэращIынырт, езы анэдэлъхубзэм и хабзэхэр IэщIыб ящIырт.
Багъым и лэжьыгъэм япэ дыдэ къыщеIэт икIи къыщехутэ адыгэбзэм и макъхэм нэхъ егъэджэгъуафIи, нэхъ егъэджэгъуеи зэрахэтыр, щригъаджэкIэ ар егъэджакIуэм Iуэхум къыхилъытэн зэрыхуейр. Адыгэбзэм и макъхэр – хьэрфхэр хьэрфылъэм зэрыщызэкIэлъыхьам тету ебгъэдж зэрымыхъунур егъэбелджылы. Николай и тхылъым щетх макъхэмрэ хьэрфхэмрэ щрагъэцIыхукIэ, абыхэм я зэкIэлъыкIуэкIэр зыхуэдэн хуейр.
ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыным, бзэр щрагъэджым деж къагъэсэбэпыпхъэ IэмалхэмкIэ Николай и тхылъым ит чэнджэщхэм иригъуазэ егъэджакIуэхэрщ зи Iуэху нэхъ дэкIыр. Абы и щхьэусыгъуэр Багъым и методикэ адыгэбзэр егъэджыным хухэхам зыгуэркIэ пэхъун тхыгъэ иджыри къэс пэщIэдзэ классхэм ехьэлIауэ зэрызэхамылъхьарщ. Абы и къэхутэныгъэм бгъэдэлъ фIагъ куэдым ящыщ зыщ адыгэбзэр и зэхэлъыкIэкIэ нэгъуэщI бзэ Iэджэм къазэрыщхьэщыкIым хуэдэ къабзэу, ар зэрегъэджын хуей методикэри адрей бзэхэмкIэ щыIэ чэнджэщхэм къатримыщIыкIыу, езы бзэм иIэж хабзэхэм тещIыхьауэ зэрыбгъэдыхьэр.
Багъым и къэхутэныгъэр куууэ пыщIащ школ гъащIэм, егъэджакIуэ пашэхэм я лэжьэкIэм. Ар школхэм куэдрэ кIуэрт, урокхэм куэдрэ щIэсырейт икIи щрагъаджэкIэ, езыр зрихьэлIа Iуэхугъуэ зэIумыбзхэр зэпкърыхыныр псом япэ иригъэщырт. Николай хуабжьу игъэпIейтейрт еджакIуэхэм адыгэбзэр яфIэгъэщIэгъуэну, дихьэхыу зэрыщымытым. Школым игъуэт дэтхэнэ зы зэхъуэкIыныгъэшхуэми ар IуэхукIэ пэджэжу щытащ. 1956 гъэм апхуэдэ зы къэхъуащ – ипэкIэ зэи щымыIауэ, илъэсих зи ныбжь сабийхэр лъэпкъ школхэм къащтэу щIадзащ, пэщIэдзэ класскIэ еджэу. Апхуэдэ урыс еджапIэхэм щыIакъым. Апхуэдэ цIыкIухэр зэреджэн тхылъхэр зэхэлъхьэн хуей щыхъум, Николай математикэмкIэ игъэхьэзырыну и пщэ къыдалъхьащ. Тхылъыр адыгэбзэкIэ итхат, ауэ ар къэзыщтэн хуейр Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмкIэ и министерствэрати, хэплъэу рецензэ иратын папщIэ, урысыбзэкIэ зэридзэкIыу яхуигъэхьыну къыхуагъэуващ. Апхуэдэуи ящIащ. Абы хэплъащ урыс школхэм папщIэ математикэмкIэ тхылъ зытх, академик Пчелкэ икIи фIы дыдэу зэхэгъэува хъуауэ къилъытащ.
«Николай, къыпхуэмыIуэтэн хуэдизу, егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ иритт сабийм щIэныгъэ зэрыбгъэдалъхьэ щIыкIэм. Ар и лъым хэтауэ жыпIэми егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэлъкъым», - жиIэжырт школым адыгэбзэм дыщыхуезыгъэджа Ует Аслъэнбий. 
ЩIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ теухуа лэжьыгъэм, анэдэлъхубзэр егъэщIэным куэд топсэлъыхь. Абы щыгъуи куэдым я Iуэху бгъэдыхьэкIэм арэзы укъищIынкIэ Iэмал иIэкъым. Зэм жыжьэ унимыхьэсыну къалъытэри мыхьэнэшхуэ ираткъым, зэми, зыкъапхъуэтэжри анэ быдзышэм хуагъадэри яIэтыну яужь итщ. Уи бзэр щIэным, пIурылъыным теухуауэ  Багъ Николай иIа Iуэху еплъыкIэм зэи зихъуэжакъым. ЩIэблэр абы хуегъэджэным хуэунэтIа лэжьыгъэ мытыншым пэрытащ и къарум къихьыху.
Николай фIы дыдэу зыцIыхуу щыта, и ныбжьэгъуа зы егъэджакIуэ гуэрым жиIэжауэ щытат: «Зы пщэдджыжь дызэгъусэу къалэ уэрамым дрикIуэу газет щапIэм деж дыкъыщызэтеувыIащ. Абы щIэт цIыхубзыр дызыхуеймкIэ къыщыдэупщIым, Багъым адыгэбзэкIэ «Ленин гъуэгу», «ЩIэнгъуазэ» жиIащ. Газет щапIэм щIэтым: «Говорите по-человечески», - щыжиIэм. Си ныбжьэгъум ар шэуэ къытехуати, и гум зэрыщIыхьар къыпхуэмыIуэтэн хуэдизт. Щыму тIэкIурэ хэплъа иужь: «Абы гъэсэныгъэ бгъэдэлъамэ, и бзэр фIыуэ илъагъуу щытамэ, апхуэдэ псалъэхэр къыжьэдэкIынутэкъым», - жиIауэ щытыгъащ».
Ди гуапэ зэрыхъунщи, а зэманым хуэдэ щыIэжкъым, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу ди къэралым исхэр тэмэму зэхущытщ я бзэми, я хабзэми теухуауэ зэролъытэ.
ЖыпIэнуракъэ, Багъыр сытым дежи, ди тхыгъэм и кIыхьагъкIэ къызэрыхэдгъэщащи, и анэдэлъхубзэм набдзэгубдзаплъэу хущытащ. Ар зытепсэлъыхьыр къабыл пщызыщI щапхъэхэмкIэ игъэбыдэжырт.
1991 гъэм щIышылэм и 5-м дунейм ехыжащ Николай. КуэдыкIей мэхъу ар гущIыхьэ зыщыхъуар. Адыгэ лъэпкъым и дежкIэ, ар зэрыхэщIыныгъэшхуэм шэч хэлъкъым.
Лъэпкъыр псэуху емыджэу хъунукъым, зэрырагъаджэ щIыкIэми зехъуэж, ауэ, сыт хуэдэу зимыхъуэжами, Багъ Николай и лэжьыгъэ абрагъуэм иIэ мыхьэнэр зэи кIуэдынукъым. 
ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: