Сабиипсэм дыхьэ усакIуэСабий литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэхэм ящыщщ Щоджэн Леонид. Ар Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым дзэм къулыкъу щищIащ, иужькIэ Донбасс шахтэхэм щылэжьащ. I966 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухри, илъэс зыбжанэкIэ тхыдэмкIэ егъэджакIуэу щылэжьащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм, Бахъсэн, Налшык къалэхэм щыIэ курыт школхэм. I973 – 2002 гъэхэм ар КъБКъУ-м щыIащ тхыдэмкIэ егъэджакIуэу икIи музейм и унафэщIу.
Щоджэныр УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ сабийхэм папщIэ тхылъ I5, пэщIэдзэ классхэм папщIэ учебникыу 5 адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ. Леонид и усэхэр школхэм щрагъэдж. Ди республикэм и композитор цIэрыIуэхэм я гъусэу абы уэрэду 500-м щIигъу итхащ.
Егъэджэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр, и творческэ зэфIэкIыр къалъытэри, абы къыхуагъэфэщащ «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалыр, «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэри къыфIащауэ щытащ. Абхъаз Республикэр и щхьэхуитыныгъэм щыщIэбэным жыджэру зэрадэIэпыкъуам къыпэкIуащ «ЩIыхьрэ пщIэрэ» орденыр. Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр егъэфIэкIуэнымкIэ иригъэкIуэкIа жылагъуэ лэжьыгъэхэм папщIэ къратащ Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблеем и «Дыщэ медалыр».
Илъэс зыбжанэ ипэкIэ абы дедгъэкIуэкIа псалъэмакъым къыхэтхыжа Iыхьэм, тхэным зэрыдихьэхар къыщиIуэтэжам, фыщыдогъэгъуазэ.
«Мыхэр пэжу уэ птха?»
- 5 - 6-нэ классхэм сыщIэсу си ныбжьэгъу цIыкIухэм садэгушыIэ щIыкIэу, усэ кIэщIхэр яхузэхэслъхьэу щIэздзащ. Япэу стхар емыджэф гуэрым хуэгъэзат. ЕгъэджакIуэм абы и хъыбар щызэхихым: «А птхар сыгъэлъагъут», - жиIэри сIихащ икIи куэд мыщIэу школым къыщыдэкI блын газетым къытехуащ. ГушыIэ, щIагъыбзэ щIэлъу езгъажьэри, си зэхэщIыкIым зиужьыху усэхэми нэхъ гупсысэ шэщIа ящIэлъу стхы хъуащ. Апхуэдэ си япэ IэдакъэщIэкIхэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ теухуар. Анэдэлъхубзэм теухуауэ абы иIэ гукъеуэхэм, хъуэпсапIэхэм сапэджэжу стхат а усэр. Абы щыгъуэм 7-нэ классым сыщIэст. Усэ зыкъом зэхуэсхьэсауэ тетрадым иту къесхьэкIырт. Зэгуэрым егъэджакIуэм чэнджэщ къызитащ си усэхэр районым къыщыдэкI «ПсэукIэщIэ» газетым схьыну. Сытегушхуэри сыкIуащ редакцэм. Газетым и редактор нэхъыщхьэр Нэгумэ Умарт. Усэхэм хэплъэри: «Мыхэр пэжу уэ птха?» - жиIэри къызэупщIащ. Абдежым си щхьэр къыфIэхуащ: «Мыхэр зыгуэрым схуитхауэ, сэ апхуэдэ зэфIэкI симыIэу къыщыхъуауэ ара хъунщ», - жысIэри. АрщхьэкIэ къеплъщ-неплъри, Шорэ теухуар сIихащ, мыдрейхэм тIэкIу сахэлэжьыхьыжыну къызитыжащ. Куэд дэмыкIыу усэр газетым къытридзащ. Сэ абы хуабжьу сыщыгуфIыкIат икIи тхэным нэхъри сытригъэгушхуащ. Къуажэм щыIэ художественнэ самодеятельностым сыхэтти, уэрэд цIыкIу зэхэслъхьэу щIэздзащ. Ахэр жэмыш, комбайнер пашэхэм ятеухуауэ стхырт. ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу щыта Къарэмырзэ Мухьэмэд пшынауэ Iэзэти, си IэдакъэщIэкIхэм макъамэ ящIилъхьэрт. Ахэр цIыхухэм ягъэзащIэу щIадзащ. Класс нэхъыжьхэм дыщыщIэсым си ныбжьэгъухэм: «Леонид, щхьэ роман умытхрэ?» - къызжаIэрт. Абыхэм яхэтт къыздэгушыIи ар схузэфIэкIын я гугъэу яфIэщу къызжезыIи. Блокнотыр сытым дежи сIыгъти, си щхьэм къихьэ гупсысэр занщIэу абы истхэрт. Апхуэдэурэ сыдихьэхыпэри, IэщIагъэ схуэхъуащ.
И усэхэр уэрэду ягъэIу
- Сабийхэращ нэхъыбэу сызыхуэтхэр. Сэ сызэреплъымкIэ, балигъым уахуэтхэныр нэхъ гугъужщ. ТхакIуэм и Iуэхум зыри тыншу хэлъкъым. Мыр стхынщ, жыпIэу утIыскIэ зыри къикIынукъым. Узытетхыхьыну ухуей Iуэхугъуэр уи щхьэм щыбгъэпсами, ар къызэрыбгъэлъэгъуэну псалъэр зэгъэкIуауэ къыпхуэкIуэн хуейщ. Сабийхэм папщIэ сэ тхылъ зыбжанэ къыдэзгъэкIащ. Нэхъапэу дунейм къытехьахэм ящыщщ «Лъэмыж», «Къру шырхэр» жыхуиIэхэр. Ахэр цIыкIухэми адэ-анэхэми ягу ирихьащ. «Уи тхылъ цIыкIур къэсщэхуащи, си быным абы иту хъуар зригъэщIащ», - къызжаIэрт къызбгъэдыхьэурэ. Ар си дежкIэ гуапэт. «Къру шырхэр» тхылъым и Iуэхур гъэщIэгъуэну къекIуэкIащ. Композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн уэрамым сыщыхуэзауэ къызжиIат а тхылъым ит усэ I5-м макъамэ зэрыщIилъхьар. А Iуэхуми икъукIэ сыщыгуфIыкIат. ИужькIэ Даурым Урыс-Кавказ зауэм теухуауэ макъамэ итхри, абы псалъэхэр сэ щIэслъхьащ.
Уэрэд IуэхукIэ сэ нэхъыбэу сызыдэлэжьар Къэбэрдокъуэ Борисщ. Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ цIыхут ар. Абы макъамэ итхырти, жэщ ныкъуэм нэпсалъэрт: «Леонид, макъамэр хьэзырщ, псалъэ схущIэлъхьэ», - жиIэрти. Абыхэм срагъэсащ макъамэм псалъэ щIэслъхьэу. Апхуэдэу садэлэжьащ Къардэн Хьэсэн, Молэ Владимир сымэ. Си усэ зыбжанэм макъамэ щIалъхьащ Къул Амир, Жылау Арсен сымэ. Псори зэхэту уэрэду 500 стхащ.
Сыт абыхэм я мыхьэнэр? Сабийм уэрэдыр жиIэу, усэм къеджэу, къуажэхьхэр къищIэу къэтэджмэ, абы и бзэр щыгъупщэжынукъым, ар фIыуэ илъагъунущ.
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




