Коррупцэм пэщIэтыным теухуауэ аргуэру зэ Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм иджыблагъэ щекIуэкIащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ лэжьыгъэхэр къызэрызэгъэпэщыпхъэм, а Iуэхур щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм зэрыщагъэувам теухуа зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъат Бахъсэн муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэр, администрацэм и управленэхэмрэ къудамэхэмрэ я унафэщIхэр, муниципальнэ къулыкъущIэхэр, районым хиубыдэ къуажэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, спортым я IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр. ЗэIущIэм апхуэдэу щIэсащ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым тхыдэмрэ философиемкIэ и кафедрэм и профессор Дадашев Алий, Бахъсэн районым и прокурорым и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжь Къардэн Валерэ, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||





