Тхыдэм и напэкIуэцI щхьэхуэт

Зауэр къэхъея нэужь япэу ирагъэкIуэкIа парт зэхуэсым кърихьэлIахэм жылэр щытыкIэ гугъум къикIын папщIэ ящIапхъэр, колхозым къыщалэжьыр фронтым зэрырагъэшэну щIыкIэм, къуажэм къыдэнахэм зэрадэIэпыкъунум, нэгъуэщIхэми егупсысауэ икIи унафэ тэрэз ящIауэ щытащ. 
«ЗэIущIэм сэ щыжысIащ лэжьакIуэIэ зэрытхуримыкъур, ауэ абы емылъытауэ хозяйствэм къилэжь ерыскъыпхъэм хэгъэхъуэн зэрыхуейр, - дыкъыщоджэ Бгъэжьнокъуэм и гукъэкIыжхэм. - А Iуэхур къызэрыдэхъулIэным и хэкIыпIэу къалъытэхэм теухуауэ яIэ еплъыкIэхэр жаIащ коммунистхэу Быхъурэ Хьэжумар, Щоджэн Бжьохъан, Бырс Анзор, Сэбаншы Къантемыр, Къэрмокъуэ Мухьэмэд сымэ. ЕхьэкI-къехьэкI хэмылъу псалъэмакъ купщIафIэ екIуэкIа нэужь, зэIущIэм хэтахэм унафэ тщIащ колхоз лэжьыгъэм жьыкIэфэкIэри, унэгуащэхэри, сабийхэри къетшэлIэну, дауэ тщIыми. нэхъапэм къетхьэлIэу щыта гъавэм, гъэшым, лыхэкIым хуэдитI къэдлэжьу, къэралым еттыну, фронтым едгъэшэну».
Абы щыгъуэм къащта унафэмрэ ар ехъулIэныгъэ яIэу зэрагъэзэщIамрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм напэкIуэцI щхьэхуэу хэуващ. 1957 гъэм Налшык къыщыдэкIа «Къэбэрдейм и тхыдэ» тхылъым итщ «Псори ТекIуэныгъэм папщIэ!» къыхуеджэныгъэм щIэту гъавэхэкIыу зеикъуэдэсхэм фронтым Iутхэм хурагъэшар зыхуэдизыр, бийр къызэтезыгъэувыIэ щIытIрэ быдапIэ зэмылIэужьыгъуэу мазищым къриубыдэу республикэм щаухуахэр. 
Маршал Жуков Георгий и гукъэкIыжхэм къыхощыж 1942 гъэм и бадзэуэгъуэм и кIэух - шыщхьэуIум и пэщIэдзэ махуэхэм Кавказ ИщхъэрэмкIэ щыщыIа зауэ щытыкIэр зыхуэдар. 
«А лъэныкъуэмкIэ щызауэ ди дзэхэм я Iуэхур щIагъуэтэкъым, - етх Жуковым. – Бийр и фIэщ екIуауэ къыпхритхъыу къакIуэрт, Ставрополь лъэныкъуэр зэтеIыгъэныр зи пщэрылъ 37-нэ армэм и зауэлIхэр ипщэкIэ икIуэтын хуей хъурт, зэрыпхъуакIуэхэм хэщIыныгъэшхуэ ирамытыфми, и къарур къызэрагъэтIэсхъэным хущIэкъу зэпытурэ. ШыщхьэуIум и 5-м нэмыцэхэм Ставрополь яубыдащ, и 9-м Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэм хэт къалэхэр къащтэри Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунапкъэхэм ирахулIащ».
Хэкур зыхъумэхэмрэ зэрыпхъуакIуэхэмрэ ди щIыналъэм иту зэзэуэн щыщIадзар шыщхьэIум и 12-рщ. 15 - 16 махуэхэм Бахъсэн псыхъуэм и ипщэ Iуфэм (Зеикъуэ щегъэжьауэ Прохладнэ нэс) щитIысыкIащ генерал-майор Захаров и унафэм щIэту 37-нэ армэм хэт 2-нэ гвардейскэ дивизэр. ИкIи мазитIрэ ныкъуэкIэ гъунапкъэр яIыгъащ. бийр адэкIэ ямыгъакIуэу. 
2-нэ гвардейскэ дивизэмрэ полковник Купарадзе и унафэм щIэт 392-нэ Куржы дивизэмрэ хэт зауэлIхэм я дамэпкъыр егъэкъуауэ ядэзэуащ Бахъсэн щыщ партизанхэр. КъищынэмыщIауэ Бахъсэн районым щыпсэу жьыри щIэри хущIэкъуащ зэрыпхъуакIуэхэм ди лъахэр нэхъ щIэх зэрабгынэным, партизанхэмрэ Дзэ Плъыжьым и зауэлIхэмрэ яхузэфIэкI псомкIи зыщIагъэкъуащ, бийм теухуа хъыбару къаулъэпхъэщыфыр Iэрагъэхьащ, ерыскъырэ щыгъынкIэ ядэIэпыкъуащ. 
1942 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм республикэм щызэхэт колхозхэм планым щIигъуу мэл мин 90-рэ Iэщышхуэу мини 5-рэ къэралым иритащ. ИкIуэтурэ Бахъсэн щхьэдэхыпIэр къызэринэкIыу Куржым кIуэну зи гугъа 392-нэ Куржы дивизэр щытыкIэ гугъум къихутат. Бахъсэн партизанхэр абыхэм ядэIэпыкъуащ, ЛашкIутIэ пэмыжыжьэ мэзым щагъэпщкIуауэ яхъумэ мин бжыгъэ хъу колхоз Iэщыр зэрыщыту дзэм иратри. 
Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къарууэ яIэр, я кхъухьлъатэхэмрэ танкхэмкIэ щIэгъэбыдауэ, ирахьэлIэри ди сэлэтхэм зэтраIыгъэ гъунапкъэхэм я нэхъ тIасхъэр къыпхратхъащ жэпуэгъуэм и 25-м. ЩэкIуэгъуэм и 2-м 37-нэ армэм Налшык къызэринэкIын хуей хъуащ, дзэзешэхэм ящIа унафэм ипкъ иткIэ. ЩэкIуэгъуэ - дыгъэгъазэ мазэхэм хъийм икIауэ бийм пэщIэтар Жэмтхьэлэ Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ, Лэскэн 1-м щыщ партизанхэм я гуп зэгъэуIуахэрщ. А зэхэуэ гуащIэхэм хэкIуэдащ Согуэ Мэжид, Быхъурэ Хьэжумар, Къанщауэ Хьэмел, Поселенцев Григорий, КхъуэIуфэ ФIыцIэ, Маринич Надеждэ сымэ. 
1943 гъэм и япэ махуэм, щIышылэм и 1-м, Дзэ Плъыжьым и сэлэтхэр Налшык нэмыцэхэм къыIэщIагъэкIыжыну ебгъэрыкIуащ. Къалэр щхьэхуит къэщIыжыным я псэ емыблэжу щIэзэуащ партизанхэри. 
Бгъэжьнокъуэ Хьэчим и гукъэкIыжхэм къазэрыхэщыжымкIэ, щIышылэм и 3-м и пщыхьэщхьэм Долинск лъэныкъуэкIэ къыщыдыхьэу ди зауэлIхэм Налшык яубыдыжащ, Жэмтхьэлэ Ипщэ, Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ, Къэщкъэтау, Хьэсэней къуажэхэр нэмыцэхэм къыIэщIагъэкIыжри. 
«1943 гъэм щIышылэм и 4-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм фашист зэрыпхъуакIуэхэр дагъэкъэбзыкIащ. А махуэ дыдэм пэкIушхуэ щекIуэкIащ «Ударник» кинотеатрым деж. Нып плъыжьыр жьым дэхуарзэу зыщхьэщыт кинотеатрым къалэдэсхэр къыщызэхуэсат, Къэбэрдей уэрамыр зауэлIхэмрэ партизанхэмрэ яуфэбгъуат. КъэпсэлъапIэм итт ВКП(б)-м и обкомым и секретархэу КIумыхъу Зубер, ФочыщIэ Iэбисал, КъБАССР-м и Совнаркомым и унафэщI Ахъуэхъу Хь., партизанхэм я гуп зэхагъэхьэжам и командир Царяпин Иван, отрядым и комиссар Къудей Чэрим сымэ, нэгъуэщIхэри. ПэкIум къыщыпсэлъащ Ахъуэхъумрэ Царяпинымрэ икIи гушхуэныгъэ ин хэлъу унафэ ящIащ СССР-м и Дзэ зэщIэузэдахэм я унафэщI Сталин Иосиф тхыгъэ хуатхыну», - дыкъыщоджэ Бгъэжьнокъуэм и гукъэкIыжхэм. 
ЩIышылэм и 6-м Дзэ Плъыжьым и зауэлIхэм щхьэхуит къащIыжащ Бахъсэн, Зеикъуэ, Iэбзуанхьэблэрэ Къуэнхьэблэрэ, Ашэбей, щIышылэм и 11-нэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыщыту зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. 
КъыкIэлъыкIуэнущ…

 

Поделиться: