ЛIэщIыгъуэм и ныбжьыщIэ хахуэ

Сурэтым щыфлъагъу щIалэ цIыкIур илъэс 14 хъууэ арат абы щыгъуэ… Ар сыхьэтихым щIыгъукIэ америкэ сэлэт 400-м пэщIэтауэ щытащ, унэм иримыгъэкIуалIэу. ЛIыгъэ къызэрымыкIуэрэ хахуагъэрэ зыгъэлъэгъуа, 21-нэ лIэщIыгъуэм и нэхъ хахуэ дыдэу къалъыта, тхыдэм къыхэнэжа ныбжьыщIэр 1979 - 2003 гъэхэм Иракым и президенту щыта Саддам Хъусен и къуэрылъху  Мустэфащ. 

2003 гъэм Саддам  Хъусен и къуитIымрэ - Кусейрэ Удейрэ – и къуэрылъху Мустэфарэ зыщIэс унэр америкэ сэлэтхэм къагъауат. НэхъыжьыIуэхэр зэшэзэпIэу хэкIуэдащ абы. Ауэ сэлэтхэр унэм щебгъэрыкIуэжым, зыгуэр къахэуэн щIидзат. Сэлэт къэубжьахэр къикIуэтыжри, къэхъуар къагурымыIуэу зэплъыжащ. Абыхэм зэтракъута унэм псэууэ зы цIыху къыщIэкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Арами, снайпер фочкIэ зыгуэр къахэуэрт. КъызэрыщIэкIамкIэ, Мустэфа Iэщэ иIыгъыу, сэлэт 400-м къапэщIэувауэ арат. И закъуэ дыдэу!

СыхьэтихкIэ зэхэуащ щIалэмрэ сэлэтхэмрэ! Телъыджэкъэ?!   Снайпер фочымкIэ къахэуэурэ, америкэ сэлэт 14 къиукIащ. Сытмэ, сэлэтхэм я нэхъыщхьэхэм къыхалъхьащ ар хэту щытми ебгъэрыкIуэу, яукIыну.

ЩIалэ цIыкIур яукIыу унэм щIыхьа нэужь сэлэтхэм я фIэщ яхуэщIыртэкъым апхуэдиз зэманкIэ цIыху 400-м зы сабий закъуэ къапэщIэтауэ.

А хъыбарыр «New York Times» газетым къытезыдза Ейск Роберт итхауэ щытащ: «ЛIыгъэ къызэрымыкIуэ къызылъыкъуэкIа а щIалэ цIыкIур ди лъэпкъэгъуу щытатэмэ, США-м и къалащхьэм и курыкупсым фэеплъ щыхуагъэувынут. Абы и хахуагъэм щIэблэр щIапIыкIынут, яхуэмыIуэтэжу зэIэпахынут абы и хъыбар».

Фырэ Анфисэ.

 

Поделиться: