Къэзан зэIущIэ

 Накъыгъэм и 18 - 19-хэм Тэтэрстаным щызэхэта зэхуэсышхуэм къекIуэлIащ къэрал 85-м щыщ цIыху мин I5. Абы и къызэгъэпэщакIуэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат зэрыжиIэмкIэ, зэхуэсым и пщIэми, къеблэгъа хьэщIэхэр щIыпIэ куэдым къызэрикIами, езыхэм я бжыгъэми уигу хигъахъуэрт. Урысеймрэ муслъымэн къэралхэмрэ я зэхуакум дзыхь зэрыдэлъым и щыхьэтщ а псори. 
 ХьэщIэхэм егъэблагъэ псалъэкIэ захуигъэзащ УФ-м и Президент Путин Владимир: «Ислъам зэдэлэжьэныгъэмкIэ зэгухьэныгъэм хыхьэхэри щхьэхуэу дызыпыщIа муслъымэн къэралхэри Урысейм быдэу къепха зэпытщ. Дуней зэмыщхьитIым дыщыщ пэтми, апхуэдэ зэхущытыкIэм лъабжьэ хуэхъу бгъэдыхьэкIэм и мардэщ зым адрейм и хьэтыр илъагъунри щIыхь хуищIынри. Нобэ ислъам къэралхэм щIэгъэхуэбжьауэ заужь, сату Iуэхуми, мылъку зехьэкIэми, щIэуэ къежьэ Iэмэпсымэ къэгъэщхьэпэкIэми, щIэныгъэ-къэхъутакIуэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIыкIэми фIыуэ щыгъуазэщ. Урысейр сыт щыгъуи хуэхьэзырщ абыхэм ядэлэжьэнми цIыхугъэр зыгъэнэхъапэ зэбгъэдэтыкIэкIэ ядекIуэкIынми», - итщ къэрал унафэщIым и тхыгъэм. 
 КъурIэн лъапIэм щыщ IэятхэмкIэ форумымрэ гъэлъэгъэныгъуэмрэ къызэIуихащ Тэтэрстаным и муфтий Самигуллин Хьэзрэт. 
 Ислъамым ахъшэ хэхъуэр зэримыдэр, ерыскъым и хьэлэлагъым мыхьэнэуэ иритыр, банкхэм я лэжьэкIэми нэгъуэщIу зэрыбгъэдыхьэр зымыщIэр мащIэщ. Ахэрат зытепсэлъыхьар мы зэIущIэшхуэм щызэхэта зэхуэси I50-м щIигъум я нэхъыбэр. Ислъам зэдэлэжьэныгъэмкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ, Угандэм щыщ щIэныгъэлI Сенгендэ Ахьмэд зэIущIэм и лэжьыгъэр зыхуэунэтIам щытепсэлъыхьыжым жиIащ: 
 «Диным емыпхауи, нобэ ерыскъы хьэлэлыр дуней псом хэIущIыIу щыхъуащ. «Хьэлэл» дамыгъэр зытегъэуа шхыныр ар зэрызэгъымрэ зэрыфIымрэ я нэщэнэ хъуакIэщ. Иужьрей илъэсхэм хуэдипщIкIэ хэхъуащ дунейм апхуэдэ ерыскъыуэ къыщыщIагъэкIым. 2022 гъэм «хьэлэл» дамыгъэм къызэщIиубыдэ мылъкур илъэсым хуэзэу доллар триллиони 7, 2-рэ хъууэ щытамэ, 2028 гъэм ар доллар триллион II, 2-м хуэкIуэнущ. Илъэс къэс процент 20-кIэ мэбагъуэ».
 Къэзан щекIуэкIа зэхуэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу хэтащ сенатор Къанокъуэ Арсен. 
 «Ислъам зэдэлэжьэныгъэмкIэ зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралхэмрэ Урысеймрэ я зэхуакум сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр щызэпрашынырщ и мурад нэхъыщхьэр 2009 гъэ лъандэрэ зэхашэ мы зэIущIэшхуэм», - хъыбарыщIэмкIэ и интернет напэкIуэцIэм цIыхухэм щадэгуэшащ сенаторыр. 
 Къэзан зэхуэсым хэтащ «Модэ зэпIэзэрыт» зыфIаща щыгъын гъэлъэгъуэныгъэри. Диным къищтэ зыхуэпэкIэм елэжь дэрбзэрхэм я лэжьыгъэхэр къыщагъэлъэгъуащ абдежым. Модэр сыт щыгъуи щIэщ, хабзэр – нэхъыжьхэм къабгъэдэкIа тхыдэщ. Ислъам модэм а лъэныкъуитIри къызэдещтэ. 
 Дагъыстэным и муфтий, Абдулаев Ахьмэд-хьэжы и унафэкIэ, Тэтэрстаным мы махуэхэм ирагъэшащ Мухьэмэд ЛIыкIуэ лъапIэм къыщIэна хьэпшып лъапIэхэр. Къэзан форумым къеблэгъахэм я дежкIэ а гулъытэр уасэ зимыIэт. 
ЧЭРИМ Марианнэ. 
Поделиться: