Жанхъуэтекъуэдэсхэм ядэIэпыкъуащ

Бахъсэн районым и Жанхъуэтекъуэ къуажэм дэсхэм я унэхэм псы щIэуат уэ щIэту къешха уэшхышхуэм и зэранкIэ. 
Къуажэдэсхэр езыхэм я къарукIэ абы пэлъэщыртэкъыми, къадэIэпыкъуну зыхуагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IэнатIэм и часть №15-м и гъунэгъу Зеикъуэ щыIэм, я лэжьакIуэхэм. 
Ахэр псынщIэу япэджэжащ дуней къэхъукъащIэ шынагъуэм игъэгужьеяуэ закъыхуэзыгъэзахэм. «Къэбэрдей-Балъкъэр ПСС» IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Жылокъуэ Арсенрэ оперативнэ плъыр Хьэгъур Славэрэ я унафэкIэ ПСЧ-I5 плъыр къэрэгъулым и гупыр псынщIэу щIыпIэм кIуащ, ауэ лей зытехьа псоми ядэIэпыкъуфакъым. ИтIанэми, мафIэсгъэункIыфIхэр мыувыIэу сыхьэтихкIэ, пэгунхэмрэ белхэмрэ къагъэсэбэпурэ, гуэщхэмрэ щIыунэхэмрэ щызэтрихьа уэр къыщIахри, псыри къыщIашащ. 
 А лэжьыгъэхэм къыхыхьащ а махуэм зи плъырыгъуэхэм нэмыщI, адрей мафIэсгъэункIыфIхэри, уеблэмэ, зи чэзу мазэ зыгъэпсэхугъуэм щыIэхэри. Республикэм и мафIэс-къегъэлакIуэ къудамэ псоми я лэжьакIуэхэр сыт хуэдэ Iуэхуми щызэкъуоувэ, ирехъу ар мафIэс е нэгъуэщI къызэрымыкIуэ щытыкIэ. Мис иджыри ар къагъэлъэгъуащ. 
Жанхъуэтекъуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Хьэмырзэ Заурбийрэ къуажэдэсхэмрэ Хэжь Альберт зи унафэщI ПСЧ-15-м и гупым фIыщIэ хуащIащ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ.
БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: