Урысейм и куэдщ цIыхум и нэгу зыщиужьын, зыщиплъыхьын щIыпIэ телъыджэхэр, мыладжэхэр зэи щымыткIу Ищхъэрэ щIыналъэр е щхъуантIагъэ мыуххэр, хы толъкъунхэр щытепщэ Ипщэ лъэныкъуэ ирехъуи.
ЗыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм къыщыщIэдзауэ, ди цIыхухэм я хуитыныгъэр сыткIи къызэрабзыхьыным хущIокъу нэгъуэщI къэралхэр, ауэ апхуэдэ щытыкIэхэм я фIыгъэкIэ, ди къэралым и щIыналъэ куэд турист кIуапIэ хъуащ, ди щIыуэпсым и къабзагъымрэ и дахагъымрэ пэхъун зэрыщымыIэр нэхъри нэрылъагъу дуней псом щащIу.
Дунеяплъэ гъэщIэгъуэнхэр илъэс ещанэ хъуауэ ирегъэкIуэкI «Урысейм и ГъущI гъуэгухэр» IуэхущIапIэм. Иджырей мардэхэм тету къызэгъэпэща мафIэгухэм Карелием къыщыщIэдзауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм нэсыху, куэдым ямылъэгъуа гъуэгуанэхэр щызэпач.
ЦIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным, я нэгу зегъэужьыным теухуауэ къызэрагъэпэщ апхуэдэ Iуэхухэм ящыщщ «Кавказым и налкъутналмэс» къэрал пэхуэщIэр. ГъущI гъуэгукIэ зыплъыхьыныр къыхэзыххэм ящыщ куэдым я хъуэпсапIэу къыщIэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ. Апхуэдэхэм папщIэ ирагъэкIуэкI махуибл дунеяплъэм япкъ иткIэ Урысейм и Курыт щIыналъэм, Ищхъэрэ КъухьэпIэм, КъуэкIыпIэ Жыжьэм къикIа туристхэр щыIащ КъБР-м, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэм, Шэшэным, Ингушым, Дагъыстэным.
Налшык и гъущI гъуэгу станцым хьэщIэхэр къыщрагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат зи пашэ гупым. Лъэпкъ фащэ зыщыгъ ныбжьыщIэхэм мафIэгум къикIахэм прахьэжьащ махъсымэрэ лъэпкъ шхыныгъуэхэмрэ. А мафIэгу дыдэм ису къэкIуахэт Урысейм и «РЖД» IуэхущIапIэм къыбгъэдэкIа лIыкIуэхэри. Ди республикэм къыдэлэжьэну зэрыхуеймкIэ лъэныкъуитI зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэн ипэкIэ, делегацэм хэтхэм зыщагъэгъуэзащ ди щIыналъэм къакIуэхэм хуащIэфыну Iуэхутхьэбзэхэр зыхуэдэм.
ЗыплъыхьакIуэхэр сыткIи къызэгъэпэща автобусхэм ирагъэтIысхьэри, Iуащхьэмахуэ лъапэм яшащ. Ди республикэм зэрыщыIа зы махуэм къриубыдэу абыхэм ирагъэлъэгъуащ «Азау» и ныджэ уэсылъэр, километр 3847-кIэ кIапсэ гъуэгум зыщиIэтыр - махуэр щыуэфIым абдежым хуиту щыболъагъу Iуащхьэмахуэ и щыгур.
Дунеяплъэм хиубыдэу туристхэр ди лъэпкъ шхыныгъуэ нэхъыфIхэмкIэ ягъэхьэщIащ, ди макъамэхэм щIагъэдэIуащ. ИужькIэ абыхэм зыщрагъэплъыхьащ «Шато - Эркен» чэщанэм.
«Кавказым и налкъутналмэс» пэхуэщIэм хиубыдэу мы илъэсым дунеяплъэу 10 иджыри къызэрагъэпэщынущ. Ахэр екIуэкIынущ фокIадэм и 28-м нэсыху. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Iуэхур зезыхьэр щIыналъэм туризмэмкIэ и «Путешествие» операторырщ.