ЗекIуэлI нэсым и хьэлт

Адыгэм къызэригъэувымкIэ, зекIуэлI нэсыр хьэлэлу, гущIэгъу хэлъу, тхьэмыщкIэм гулъытэ хуищIу щытын хуейт икIи зекIуэм кърихаIамэ, зи Iуэху хуэмыщIауэ псэухэм яхуэгуэшыныр и къалэнт. Абы езым мылъку зэхуэхьэсын жыхуэпIэр ищIэххэртэкъым, унэм тыншу исыну къытехуэртэкъым. А псор къыщежьэр хабзэрати, зыр адрейм дэIэпыкъуныр, гулъытэ хуищIыныр абы и лъабжьэт.

Италием щыщ зыплъыхьакIуэ Интерианэ Дж. мыпхуэдэу итхыгъащ: «Адыгэхэм цIыху хьэлэлым пащI щыIэкъым. ИкIи ящыщ дэтхэнэми, и шымрэ и Iэщэмрэ къинэмыщIа, мылъкуу иIэр зэбгритыкIыфынущ. И щыгъыным и гугъу умыщIыххэ – ар апхуэдизкIэ зэбгратыкIри, уэркъ щауэм нэхърэ абы и пщылIыр нэхъыфIу щыхуэпар нэхъыбэщ. Илъэсым зэ е тIэу фэилъхьэгъуэфI ирагъэд, ауэ «мы пщыгъыр сыту дахэ» е «сыту къокIурэ» къыжезыIам асыхьэту иратынущ, ар ягу пымыкIыу гу зылърагъэтэныр напэтехыу къащохъури. Дарий джанэ дахэр джанэ тIорысэжькIэ къахъуэжри, цIыхум зыгуэркIэ зэрыхуэупсам щыгуфIыкIыу йожьэж. Уэркъым къыхэкIар адрейхэм нэхърэ сыт щыгъуи нэхъ бэлэбанэу щIэхуэпар аращ. Шымрэ Iэщэмрэ я закъуэщ адыгэлIым нэхъ лъапIэу бгъэдэлъыр…».

ЗекIуэ къикIыжым къыхуэзэIарэ: «Саугъэт!» – къыжриIамэ, Iэмал имыIэу, абы тыгъэ гуэр хуищIырт. Шы нэгъунэ щрит къэхъурт, цIыхур тыгъэншэу къигъэнэныр арат емыкIушхуэ зыпылъыр. А псори адыгэ хабзэм щыщт. Лъэпкъым и дуней тетыкIэм гулъытэр, хьэлэлагъыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ – цIыхугъэр псом япэ игъэщын хуейуэ къигъэувырти, зыр адрейм дэIэпыкъуныр къызэрыгуэкI Iуэхуут къызэралъытэр. А хабзэм и фIыгъэкIэ лъэпкъым и дэтхэнэ Iыхьэми: мэкъумэшыщIэ, пщылI, унэIут дыдэ ирехъу – тхьэмыщкIагъэм щыхъумауэ ирихьэкIырт и гъащIэр. ИкIи факъырэIус къыхэзыхыу къэзыкIухьхэр адыгэм зэи къахэкIыу щытакъым.

Абы теухуауэ XIX лIэщIыгъуэм тепсэлъыхь англичанин Белл Дж. мыпхуэдэу итхыгъащ: «...Зыхуейуэ хъуамкIэ къызэгъэпэщауэ адыгэ псори псэукъым, ауэ я Iуэху зэрырагъэфIэкIуэным иужь итхэщ. ИкIи ар зрагъэхъулIэ. Егъэлеяуэ къулей е егъэлеяуэ тхьэмыщкIэ абыхэм яхэткъым...»

Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, мылъкум и закъуэ феодальнэ зэхущытыкIэхэм ит адыгэхэм мыхьэнэшхуэ иратыртэкъым, ар зыбгъэдэлъым шууей хахуэу, цIыху хьэлэлу и цIэ имыгъэIуамэ. Хьэлэлагъыр уэркъ хьэлу щытын хуейуэ къалъытэрт. ИкIи зэрыхуейм хуэдэу игуэш зэрыхъумкIэт зыхулъэкIым и мылъкум мыхьэнэ зэригъуэтыр. Мыбдежым зы Iуэхугъуэ къэгъэлъэгъуапхъэщ: феодальнэ зэхэтыкIэм пщIэрэ щхьэрэ ущиIэн, узыхуей цIыхухэм уапыщIа хъун папщIэ хьэлэлагъымрэ гулъытэмрэ укъэзымыгъэпцIэжын «Iэщэт».

«...А зэманым зи Iуэху дэкIуэтейри, нэхъ лейуэ ялъытэри, зи цIэ фIыкIэ ягъэIури хьэлэлагъ зыдалъагъурат. Къанлыуэ, гулъытэншэу яIуатэр цIыхум зэрахэзэгъэным пыкIат», – етх Барулин С. Мы псалъэхэр псом хуэмыдэу адыгэ феодальнэ обществэм хуэпхь хъунущ. «Адыгэпщым и лъэкIыныгъэр къэзыгъэлъагъуэр, зауэ къэхъуамэ, абы и бэракъым и благъэ-Iыхьлыуэ, и телъхьэхэу къыщIэувэм и бжыгъэрщ...» (Монпере Ф.) «Абы къыхэкIкIэ, – етх Хъан-Джэрий, – я уэркъхэм папщIэ зыхущысхь щымыIэу абыхэм зэпымыууэ тыгъэ лъапIэхэр хуащI. Уеблэмэ, адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, мылъку зэхуэхьэсыныр мыхьэнэ лъэпкъ зимыIэщ. Къыпхэхъуэр бгуэшмэ – арат фейдэ зыпылъыр. Къуентхъым и Iуэхури апхуэдэт. Ар куэду къызыIэрыхьам зэрызауэлI хахуэр, зэрышууей Iэзэр къигъэлъэгъуауэ арат, армыхъумэ, языныкъуэхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, мылъкуракъым щIежьари гугъу зыщIригъэхьари».

Шэрджэсым цIэрыIуэ щыхъун папщIэ адыгэпщыр зауэлI къэмылэнджэжу, цIыху хьэлэлу псоми ятеIуэу щытын хуейт. Пэжу къыбгъэдэтын зауэлI бжыгъэшхуэ абы и деж къезышалIэу щыIэр а зы Iэмалырт. Орбелиани Г. етх: «Къэбэрдейм зи псалъэ къару щигъуэтыр, зауэм щыхахуэ, унэм щыбысым гуапэ пщырщ. Апхуэдэм уэркъ щауэ куэд къыхуэжыIэщIэ мэхъури, ар ягъэпашэу зауэм Iуохьэхэр».

УкъызыхэкIар мыщIагъуэми, адыгэм ар къыпхуигъэгъунут уи цIэр фIыкIэ бгъэIуамэ. Арагъэнщ тумэкIэ зэджэхэм зекIуэлI цIэрыIуэ куэд къащIыхэкIар.

Тумэхэм я иужьрей щапхъэфIщ 1860 гъэхэм хуабжьу цIэрыIуэу щыта абрэдж хахуэ ХьэтIэхъущокъуэ Талъостэн. Адыгэ уэрэдыжь, хъыбарыжь куэдым я лIыхъужь, ХVI лIэщIыгъуэм псэуауэ зыхуагъэфащэ Андемыркъани, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, тумэщ. ЗэрыжытIащи, къаIэрыхьэну къуентхъыр аратэкъым нэхъыбэу зекIуэ щIежьэр, атIэ абы пщIэрэ щхьэрэ щызрагъэгъуэтыну арат я нэ къызыхуикIыр.

А зэманым адыгэхэм я псэукIэм набдзэгубдзаплъэу хущыта тхыдэтх Дубровин Н. етх мыпхуэдэу: «Шынэ зымыщIэ зауэлI нэсу лъэпкъ псом зытрагъэIуэн щхьэкIэ, адыгэм сыт хуэдэ гугъуехьри дигъэхуэнущ и фэм. ИкIи Iэщэ щIиIыгъри, псэхупIэ зримыгъахуэу щIэпсэури, зэхэуэ хъуамэ, и щхьэ щысхь жыхуаIэр имыщIэу абы щIыхэтри аращ: и жылэ закъуэм мыхъуу, и хэку псом пщIэ къыщихьын, хъыбаркIэ, уэрэдкIэ зигъэIун папщIэщ. Ар хуабжьу Iуэху гугъущ, сыту жыпIэмэ, езы адыгэм зыщытхъуж, и щхьэ Iуэху тепсэлъыхь и хьэлкъыми…» ДжэгуакIуэм уэрэд зыхузэхилъхьа адыгэлIыр лъэпкъым игъащIэкIэ щымыгъупщэн хъурт. Мывэ сыныр мэкIуэдыж, МыкIуэдыжыр уэрэдщ. Адыгэ зауэлIхэм я лъэр нэхъри щIигъэкIырт дзэм щIыгъу джэгуакIуэм. А уэрэдусхэм уи пщIэ зэраIэтыфынум хуэдабзэу, шынэкъэрабгъэу гу къыплъатамэ, цIей-напейуэ жылэм удахьэнут. Зи Iуэхур абы хуэкIуар лъэпкъым дежкIэ напэтехт, абы и ныбжьэгъухэм я щIыб къыхуагъэзэнут, зы хъыджэбз къеплъыжынутэкъым, ауаныщIу псоми къахуэнэнур арат. ЛIыхъужь уэрэд зыхурагъэусын – а щIыхь иныр зылъагъэсын папщIэ зауэлIхэр я псэ емыблэжу зэхэуэм я нэхъ гуащIэми хэтт. Ауэ фIы здэщыIэм Iеи щыIэщ, адыгэхэм пщIэмрэ щIыхьымрэ апхуэдизу мыхьэнэ зэрыратым къайгъэ къыщишэ къэхъурт.

Бгъэжьнокъуэ Б. пэжу гу зэрылъитамкIэ, сыт щыгъуи, дэнэ дежи псом япэ ищыну, псоми закъыхигъэщыну хущIэкъу адыгэлIыр зи къарурэ зэфIэкIкIэ куэд къыдэзымыгъэплъ нэгъуэщI гуэрым Iэмал имыIэу ехъуапсэрт, ефыгъуэрт. Езым къефIэкI зэрыщыIэм псэхугъуэ къезымытыр къайгъэлъыхъуэти, фIэгъэнапIэ гуэр зэригъуэту, и «бийм» илъ игъэжэну хьэзырт. Адыгэпщхэр зэзэуэныр нэхъыбэу а щхьэусыгъуэм къыхэкIыу икIи абы лъэпкъым зэраныгъэшхуэ къыхуихьу щытауэ яIуэтэж.

 

Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу