Гъуэгу лэжьыгъэхэм пащэ

Бахъсэн щIыналъэм щыщ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм Iэпщэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр щызэрагъэпэщыж.

         Километри 2,6-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур илъэсипщI хъуауэ зэрагъэпэщыжатэкъым, кумблъэмбхэр, шэдылъэхэр и куэдт, асфальтыр щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщычат, цIыхури транспортри щызекIуэну гугъуу. А уэрамым тетщ еджапIэр, поликлиникэр, фэтэр куэду зэхэт унэр.

         Мы зэманым IэщIагъэлIхэм жьы хъуа асфальтыр къытрагъэкъэбзыкI. Ар зэрызэфIэкIыу, иджырей мардэхэм тету, асфальтыщIэр тIууащIэу зытралъхьэну лъабжьэр зэтес ящIынущ, зэман кIыхькIэ къэмытIэсхъэн хуэдэу. Гъуэгу лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, лъэс лъагъуэр, дамыгъэхэр, къэухьхэр къагъэщIэрэщIэжынущ, гъуэгубгъухэр къагъэнэхунущ.

         «Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт системэхэм зегъэужьын» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу яубла лэжьыгъэхэр  мы гъэм и фокIадэ мазэм зэфIагъэкIыну я мурадщ. Лэжьыгъэхэр псынщIэу кърахьэлIэ, ухуакIуэхэр зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщащ.

         «Къалэмрэ псэупIэмрэ» пэхуэщIэм хиубыдэу Бахъсэнёнкэ къуажэм зыхуей щыхуагъэзэнущ метр зэбгъузэнатIэ I000 зи инагъ утыкур. Абы  къыщызэIуахынущ лъэс зекIуапIэ. Иджыпсту убзыхуныгъэ лэжьыгъэхэр йокIуэкI. Абы тету щхъуантIагъэхэр хасэнущ, тетIысхьэпIэхэр ягъэувынущ, ихъуреягъыр къагъэнэхунущ. Мэкъуауэгъуэм къриубыдэу лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсынущ.

Шэрэдж Дисэ.

 

Поделиться: