Къэрал гимным щIэтуРеспубликэм и хабзэгъэув IэнатIэм щагъэлъапIэу УФ-м и цIыхум и паспортыр щратыжащ республикэм щыщ ныбжьыщIэ нэхъ жанхэм. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэрэ и къуэдзэ Жанатаев Сэлимрэ, ЩэнхабзэмкIэ, граждан зэгухьэныгъэмрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Къумал Заурбэч, КъБР-м и МВД-м IэпхъуэшэпхъуэнымкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Къэрэнашэ Аслъэн сымэ. - Си гуапэщ КъБР-м и Парламентым ныбжьыщIэхэр фыкъызэреблэгъар. Нобэ фэркIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэщ - Урысейм и цIыхуу фызэрыщытым щыхьэт техъуэ дэфтэрыр къыфIэрохьэж. ДяпэкIэ балигъыпIэ фоувэри, адэ-анэм, Iыхьлыхэм, республикэм, къэралым я пащхьэ жэуап зэрыщыфхьыр къывгурыIуэн хуейщ. Хуитыныгъэхэри къалэнхэри фиIэщ. Паспортыр къыфIэрохьэж Урысей Федерацэм и махуэ лъапIэм и пэ къихуэу. Абы и мыхьэнэри къывгурыIуэну сыхуейщ. Махуэ лъапIэм гъунэгъу дызэхуещI къэралым и цIыхухэр. Псоми ди зэхуэдэ къалэнщ ди хэкум нэхъри ефIэкIуэным щхьэж тхузэфIэкI хэтлъхьэну. Дыхуейщ ди Урысейр нэхъри лъэщ хъуну, зиужьыну. НыбжьыщIэхэр хэкупсэу фыщытыным куэд елъытыжащ. Феджэ, фи зэхэщIыкIым хэвгъахъуэ, фи гупсысэкIэм зевгъэужь, фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъэвгъэлъагъуэ. ФIыуэ флъагъу Хэкур! - захуигъэзащ ныбжьыщIэхэм Егоровэ Татьянэ.
Поделиться:
Читать также:
15.05.2024 - 15:58 →
Хэку зауэшхуэм и фэеплъхэр
15.05.2024 - 15:00 →
Лэжьыгъэхэр зэпыуркъым
15.05.2024 - 13:39 →
БыдапIэ лъэщ
15.05.2024 - 13:00 →
Ветераным ехъуэхъуащ
14.05.2024 - 13:36 →
КъэхъундэсхэрХэкум и къыщхьэщыжакIуэщ
|