Зыужьыныгъэм и шэсыпIэхэм хохьэУФ-м и Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм дызэрыт илъэсым къриубыдэу щызэфIагъэкIа Iуэхугъуэхэм иджыблагъэ тепсэлъыхьащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ IэнатIэм КъБР-м щиIэ управленэм и унафэщI ГуэбэщIыкI Аслъэнрэ. 2023 гъэм и мазитхум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетым къихьащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я бюджетым къыхэкI налогыу сом меларди 7,6-рэ. Нэгъабэ и иджы хуэдэ лъэхъэнэм еплъытмэ, ар проценти 8,5-кIэ нэхъыбэ мэхъу. Ахъшэр нэхъыбэу къыхэкIащ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зрагъэгъуэт мылъкум, IэщIагъэм епхауэ къалэжьхэм, хьэрычэт Iуэху зыублагъащIэхэм я хэхъуэхэм. Мылъкум и куэдагъым зэрыхэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ зыуэ щыт налог къэбжыкIэм псори зэрытехьар.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
27.04.2024 - 14:59 →
Лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэмрэ я къарур
27.04.2024 - 14:07 →
Шы гъэхъуным теухуа хабзэщIэ
27.04.2024 - 12:26 →
Бжэ зэIухахэм я махуэ
27.04.2024 - 12:18 →
Гугъуехьыр пщIэншэ хъуакъым
|