Гулъытэншэ мыхъу Iуэхугъуэ

Херсон щIыналъэм хыхьэ Скадовск къалэм урыс усакIуэшхуэ Пушкин Александр къызэралъхурэ илъэс 224-рэ щрикъум ирихьэлIэу абы и фэеплъ мывэскъар къыщызэIуахащ. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри.
УсакIуэшхуэр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу щIыналъэм Iэтауэ щрагъэкIуэкIа дауэдапщэм хэтащ Херсон щIыналъэм и къулыкъущIэхэр, егъэджакIуэхэр, егъэджэныгъэ IэнатIэмрэ щэнхабзэмрэ пыщIа IэщIагъэлIхэр, урысыбзэр, литературэр, тхыдэр езыгъэджхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Пушкиным и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъу къалэдэсхэр, щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къикIа хьэщIэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ лIыкIуэ гупым и пашэу щыт Къуэшырокъуэ Залым хэгъэрейхэм махуэщIым фIы къахудэкIуэну, мамырыгъэ къахуихьыну ехъуэхъуа нэужь, усакIуэшхуэм и тхыгъэхэр псори щызэхуэхьэса тхылъ фафIэшхуэ хэгъэрейхэм тыгъэу яритащ. «Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Скадовск къалэмрэ ди зэпыщIэныгъэм заужь, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрызэдэдлэжьынум иужь дитщ, пэхуэщIэ зыбжанэ зэрыдгъэзэщIэным, гъащIэм зэрыхэтпщэным дыхущIокъу. Егъэджэныгъэ IэнатIэмрэ щэнхабзэмрэ хуэунэтIауэ щIыналъитIыр хъарзынэу дызэдолажьэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Пушкин Александр и тхыгъэ щIэиныр цIыху нэхъыбэм ялъэгъэIэсыным, абы и IэдакъэщIэкIхэр цIыхубэм фIыуэ егъэлъагъуным хуэгъэзауэ едгъэкIуэкI пэхуэщIэхэри. Гулъытэншэ пщIы мыхъуну Iуэхугъуэ куэд гъащIэм хэтщ. Ауэ щIэблэм я гъэсэныгъэм, я дуней лъагъукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным нэхъапэ щыIэу къысщыхъуркъым. Гугъэр адэжь щIэинщ, жаIэу ауэ сытми нэхъыжьхэм жаIакъым. Дуней псом щыцIэрыIуэ усакIуэшхуэм и Iэужьри мис апхуэдэ гъащIэ гъуэмылэщи, дригъуэзэныр, тхъумэныр, щIэблэм къахуэдгъэнэныр псоми ди зэхуэдэ хьэкъщ. Дэтхэнэри дызытелажьэри аращ. Си гугъэщ едгъэжьа IуэхухэмкIэ дыкъызэтемыувыIэу нэхъыбэжи тхузэфIэкIыну», – жиIащ Къуэшырокъуэ Залым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм тыгъэ ящIа тхылъыр дизайн хэха зиIэ къыдэкIыгъэ гъэщIэгъуэнщ. Тхылъым усакIуэшхуэм и къалэмыпэ къыщIэкIахэр къанэ щымыIэу къызэщIиубыдащ, ар сурэтхэмкIи гъэщIэрэщIэжащ. Зэужьыр зыгъэдахэ тхыпхъэхэмрэ сурэтхэмрэ Урысейм и сурэтыщI нэхъыфI дыдэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абыхэм лъэхъэнэр уи нэгу IупщIу къыщIагъэувэ, усакIуэм и дуней еплъыкIэр нэхъыфIу къыбгурагъаIуэ, тхыгъэм и купщIэр зэхэщIыкIыгъуэ ящI.
Скадовск къалэм и Iэтащхьэ Швайко Сергей тыгъэр гуапэу яIихащ икIи курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр щызэпеуэ литературэ зэхьэзэхуэ зи унафэ ищI щIыналъэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ зэщIыгъуу илъэс къэс къызэрызэрагъэпэщым и хъыбарри къекIуэлIахэм яжриIащ. «Дэ Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыщIэ худощI и нэIэ къызэрытригъэтым, ди Iуэху зытетыр зэрызригъащIэм папщIэ. Апхуэдэу ди гуапэщ усакIуэшхуэм и щIэиныр цIыху нэхъыбэм зэлъащIысыным ехьэлIауэ къыхилъхьэ и жэрдэмхэри. Шэч къытесхьэркъым мы тыгъэ лъапIэр къыдэкIуэтей щIэблэм гъуазэ зэрахуэхъунум, Пушкиным и тхыгъэхэм я IэфIыр щIэмыкIыу лъэхъэнэхэм щIызэIэпахым и щэхур къахутэу щIэныгъэлI гъуэзэджэхэр къазэрыхэкIынум. Пушкин Александр и урысыбзэр зэрылъэщым, абы и гупсысэ къигъэхъуапIэр зэрызэпымыум хуэдэу, ди ужь иту къакIуэ щIалэгъуалэми щIэныгъэшхуэ яIэну дыщогугъ, усакIуэм и Iыхьэ а гугъапIэхэм зэрыхэлъынуми шэч къытетхьэркъым», – жиIащ Швайко Сергей.
Къэпсэлъэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь, лIыпIэ ныбжьым иту Пушкин Александр тращIыкIа фэеплъым и мывэскъарыр къызэIуахащ. Скадовск къулыкъущIэхэр зыбжанэ лъандэрэ егупсысырт Пушкиным и фэеплъыр къалэм зэрыдагъэувэнум, гукъэкIыр Краснодар щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щызэхахым, ягъэжри тыгъэу къалэдэсхэм къахуашэжащ. «Мазэ бжыгъэм къриубыдэу дгъэхьэзыра скъарым узыIэпешэ, ипэкIэ бакъуэм хуэдэу, лIыпIэ иува усакIуэм и теплъэм пщэдейрей махуэхэм гугъапIэ хууагъэщI. Апхуэдэ гупсысэ зыщIэлъ мывэскъарыр Скадовск дэгъэувэныр игъуэу къэтлъытащ, ар зэрытхузэфIэкIами дыщогуфIыкI», – жиIащ Краснодар щыщ жэрдэмщIакIуэ гупым я пашэ Решетников Леонид.
Скадовскдэсхэр тыгъэми гулъытэми гуапэу IущIащ, урысыбзэ псалъэ шэрыуэм и ежьыуакIуэ Пушкин Александр и фэеплъми лъапIэныгъэ иратащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: