Сабийм и Iэбжьанэхэр пишхыкIмэ…

Сабийхэм я закъуэ мыхъуу, балигъхэми я Iэбжьанэхэр щыпашхыкI щыIэщ. IэбжьанэкIэ къэмыувыIэу, лъабжьанэм нэсыжи яхэту. Абы дохутырхэр зэреджэр онихофагиещ, щхьэусыгъуэ зыбжанэми къыхокI.
ЦIыхур гузавэмэ, гужьеямэ, и Iуэху зэхуэмыхъуу абы егупсыс зэпытмэ, гукъеуэ иIэмэ, и Iэбжьанэр пешхыкI. Сабийхэр абы трегъэу, и гур егъэтIыс. Балигъри аращ. И нэхъыбэм цIыхум зищIэжыркъым апхуэдэхэм деж, апхуэдэу щIищIэм и щхьэусыгъуэри къыбжиIэфынукъым. 
Сабийм и Iэбжьанэр щIыпишхыкIыр къэщIэгъуейкъым - абы укIэлъыплъын хуейуэ аркъудейщ. Ар цIыхушхуэ хыхьауэ, къэгубжьауэ, зыгуэрым и жагъуэ къищIауэ и Iэпэр и жьэм хуихьарэ, зимыщIэжу Iэбжьанэр пишхыкIмэ, абы игурэ и щхьэрэ зэтемылъу аращ. 
- Языныкъуэхэм замыщIэжу я Iэбжьанэ лъэбжьанэхэр пашхыкIми, ищIэр фIы дыдэу къыгурыIуэжу ар зышх щыIэщ. А Iуэхугъуэм я гур тезэгъа нэужь, сабийхэм я гукъеуэри, зэрыгузавэри, зэрышынэри ящхьэщокI. Ар къызыгурыIуа сабийм Iэбжьанэ шхыныр хьэл мыгъуэу къыхуонэ. Абыхэм къафIэIуэхукъым я Iэпэхэр теплъаджэ зэрыхъур: Iэбжьанэхэр кIэщI, и Iуфэлъафэр плъыжь мэхъу, мэуз, уеблэмэ лъы къыщиж, абы уз зэмылIэужьыгъуэхэр, маркуэ щыхах щыIэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ Iэбжьанэ пышхыкIыным жьэ пхъэбгъум и теплъэм зэрызригъэхъуэжри. Сабийм и Iэбжьанэ пышхыкIыныр щигъэтыну ухуеймэ, бгъэукIыти, бгъэшыни, ущIэкIии, нэхъыщIэIуэхэм, илъэси 2-3 итхэм, «пщIэр сыт, апхуэдэу умыщIэ, Iэбжьанэр умышх» жыпIэу зэхебгъэх хъунукъым. Ар абы я щхьэм къызэринэнур дэ дызэригугъэм хуэдэукъым… Нэхъ цIыкIуIуэхэр тегъэгупсысыкIын хуейщ а Iуэхугъуэм, и Iэхэр бубыдрэ, удэджэгу хуэдэу. Курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэр къэбгъэдэIуэну, уагурыIуэну, Iэбжьанэ пышхыкIыныр къызыхэкIыр къыгурыбгъэIуэну нэхъ тыншщ, - жеIэ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, сабий невролог Азэмэт Нуржан. 
Гу лъытапхъэщ сабийр телевизор еплъыным Iэбжанэ пышхыкIыныр хихынкIэ зэрыхъуну. ЗэрытщIэщи, къызэрыгуэкI таурыхъыу къэтлъытэм мыхьэнэ щэху щIэлъу къыщат щыIэщ. Ар сабийм зэхимыщIэу, и акъылым имытIысхьэу къанэркъым. Мис апхуэдэхэм деж сабийм и Iэпэр и жьэм ихьмэ, телевизорыр гъэункIыфIын, абы щилъэгъуам тегъэгупсысыкIын, гъэджэгун хуейщ жаIэ дохутырхэм. 
А псом я щхьэж къокIуэ лъагъуныгъэр. Сабийр фIыуэ зэрыплъагъур и нэм ущIэплъэурэ жепIэмэ, IэплIэ хуэпщIмэ, уедэхащIэмэ, сыт хуэдэ гукъеуэри гузавэри асыхьэту щхьэщокI. 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: