Зэпэщу, зыхуей псомкIи къызэгъэпэщауэ

ШколакIуэхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм, сыт щыгъуи хуэдэу, еджапIэхэм щокIуэкI ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэхэр. Апхуэдэу, Тэрч щIыналъэм хыхьэ курыт школи 8-м щаублащ абы хуэгъэза лэжьыгъэхэр.

Курп Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт еджапIэри ящыщщ зыхуей хуагъазэхэм. Тэрч щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хъущт Аслъэнбий мы махуэхэм къипщытащ еджапIэм лэжьыгъэхэр къызэрыщызэгъэпэщар. А Iуэхум теухуауэ ар яхуэзащ школым и унафэщIхэмрэ ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэфIэзыгъэкIыну зи пщэрылъ IэщIагъэлIхэмрэ. Мы зэманым школым кърашэлIащ ухуэныгъэм зыщыхуеину пкъыгъуэхэр. Лэжьыгъэри къызыхуэтыншэу зэтраублащ.

 ЕджапIэм и зы къудамэу щыт сабий садыр зыщIэс унэр кхъахэ зэрыхъуам къыхэкIыу, гъэсапIэм хухахыну я мурадщ школым и езанэ къатым щыщ Iыхьэ. НыбжьыщIэ 360-м ятещIыхьауэ яухуауэ щыта еджапIэм апхуэдэ Iэмал иIэщ. ШколакIуэхэми, сабий садым и гъэсэнхэми, абыхэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэми дяпэкIэ зэхуэдэ Iэмалхэр яIэнущ, егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэ Iуэхухэмрэ шынагъуэншэу, зэпэщу ирагъэкIуэкIын папщIэ.

Ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ Iуэхухэр еджапIэхэр зэпэщ щIыжыным хуэгъэпса федеральнэ программэм ипкъ иткIэ йокIуэкI. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, лэжьыгъэ псори фIагъ лъагэ яIэу икIи и чэзум зэфIагъэкIын хуейщ. Псори зыхуэунэтIар ныбжьыщIэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ, зыхуей хуэгъэзэжа, зыхуэныкъуэ псомкIи къызэгъэпэща еджапIэхэм бжьыхьэм екIуэлIэжынырщ.

 ЩIыналъэ Iэтащхьэм а IуэхугъуэхэмкIэ жэуап зыхь къулыкъущIэ псоми къалэн ящищIащ лэжьыгъэхэр къызыхуэтыншэу зэрызэфIагъэкIын хуейм ехьэлIауэ.

ТАМБИЙ Линэ.

 

Поделиться:

Читать также: