2024 гъэм зыгъэпсэхугъуэ махуэу щытынухэр

Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и Министерствэм и сайтым къралъхьащ 2024 гъэм зыгъэпсэхугъуэ махуэу (щэбэтхэмрэ тхьэмахуэхэмрэ нэмыщI) цIыхухэм яIэнум теухуа хъыбар.
ИлъэсыщIэр къызэрихьэр ягъэлъэпIэнущ 2024 гъэм щIышылэм 1 - 8 махуэхэм - цIыхухэр дагъэсынущ. Ауэ  абы 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыщыщIэдзауэ зэрыщысынур хэплъхьэжмэ, махуэ 11 хъунущ.
Апхуэдэуи, къэралыр Хэкум и хъумак1уэ  махуэм и щIыхькIэ мазаем и 23 - 25 махуэхэри зыгъэпсэхугъуэу щытынущ. ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу гъатхэпэм и 8 - 10 махуэхэри, адэкIэ мэлыжьыхьым и 28-м къыщыщIэдзауэ накъыгъэм и 1 пщIондэ, накъыгъэм  и 9 - 12 хэри щысыгъуэу щытынущ. Урысейм и махуэ мэкъуауэгъуэм и 12- м, ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр зыхуэзэ щэкIуэгъуэм и 3 - 4 махуэхэми ди цIыхухэр дагъэсынущ.

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: