ЖылапхъэщIэхэр къоунэху

Ди республикэм и агропромышленнэ комплексым увыпIэшхуэ щызыубыд хадэхэкIхэм ящыщщ кIэртIофыр. Дэ езым ди жылапхъэфIхэр диIэжу нобэм дыкъэса пэтми, иужьрей илъэсхэм тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къраш лIэужьыгъуэхэм дащрохьэлIэ. Ди щIыналъэм къыщыкIам ахэр, дауи, ялъэщIыхьэркъым я IэфIагъкIи, я хьэлыуагъкIи, ауэ, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, дыхуей-дыхуэмейми, кIэртIоф лIэужьыгъуэщIэхэр къежьэнущ. Абы тегъэщIапIэ хуохъу дунеймрэ щIыуэпсымрэ ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр, нэхъапэхэм щымыIауэ къежьэ, ар зышх хьэпIацIэхэр. Абы къыхэкIыу кIэртIоф жылапхъэхэр яхъуэжын хуей мэхъу, а зэхъуэкIыныгъэхэм япэщIэтыф, бэви яхуэхъу лIэужьыгъуэхэмкIэ.
Псалъэм папщIэ, зи кур гъуэжь кIэртIоф хужьыр, тхьэмбылыфэр ди щIыпIэхэм щыIакъым. Ахэр япэу къыздикIар Мысырымрэ Алыджымрэщ. Хы Iуфэхэм пэгъунэгъуу къыщыкI хадэхэкIхэм, зэрыгурыIуэгъуэщи, хьэлыуагъ ябгъэдэлъкъым, вэгъуей-жьэгъуейщ, ауэ IэфI щIэлъщ.
Иджыблагъэ Беларусым игъэлъэгъуащ «Сапфир», «Лекарь» зыфIища и кIэртIоф жылапхъэщIэхэр. Ахэр фитофтороз узыфэм тыншу пэщIэтыфынущ, зы напIэм кIэртIоф килограмми 4 къыщIэкIынущ. Адрей хамэ къэрал жылэхэр гъэ къэс къащэхун хуей хъурт, зы илъэскIэ фIэкIа къазэрыхуэмыхъум къыхэкIыу.
 Зи гугъу тщIы лIэужьыгъуэщIэхэр илъэс куэдкIэ хэпсэж хъунущ, жылапхъэр умыхъуэжу. А псом къимыдэкIэ, «Сапфир»-м и кур шакъафэщ, «Лекарь»-м ейр тхьэмбылыфэщ. А жылапхъэфIхэр лъапIэу зэращэнури ябзыщIакъым - зы кIэртIофыщхьэм зы еврэ уасэу хуагъэуващ, ауэ, дауэ мыхъуми, Беларусым и кIэртIофыщIэр ди къэралым и щIыналъэ псоми зэрынэсынум шэч хэлъкъым.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: