Сатыр зыбжанэкIэ

                   Ерыскъым и IэфIагъыр…
 Къэбэрдей-Балъкъэрым щакIуэ къэкIуауэ ирагъэшха джэдлыбжьэр игу ирихьати, Хрущев Никитэ щIэупщIат ар зэрагъэхьэзырым.  ЕдэIуа иужь, и щхьэр игъэкIэрахъуэри, жиIащ:
 -А къомыр  хэплъхьэрэ апхуэдизрэ зебгъэлIалIэмэ, мывэри IэфI хъунущ.
А ерыскъы лIэужьыгъуэр изагъэртэкъым СССР-м и унафэщIым совет цIыхухэм сыт щыгъуи яхуигъэтIыгъуэ «пуду, куэду, псынщIэу» пщалъэхэм.
                           ДэнэкIэ здэщыIэр?!
Киноактер цIэрыIуэ Гердт Зиновий и щхьэгъусэм нэгъуэщI къэрал къыщищэхуат зи  рулыр ижь лъэныкъуэмкIэ щыIэ автомашинэ. Апхуэдэ а зэманым Совет Союзым ущрихьэлIэртэкъым. Зэгуэр зы щIыпIэ щыщысауэ пщыхьэщхьэу къыздэкIуэжым ахэр ГАИ-м и  лэжьакIуэм къигъэувыIащ. ТIэкIу къэжэна Гердт гушыIэну  игу къихьати, хъурджэуэн иригъэжьащ:
-Сыт тщIар? ДымыпIащIэу дыкъокIуэ, гъуэгум и ижьырабгъур тIыгъщ, ди уэздыгъэхэр щIэгъэнащ. Сыт дыкъыщIэбгъэувыIар?
АпщIондэху хабзэхъумэм къыщIихьащ езыр фIыуэ зыщыгъуазэ  мэр.
-Уефауэ рулым уIусщ, итIани, умыукIытэу уопсалъэ!
-Уэ плъагъурэ сэ  руль  сыIусу?- пыгуфIыкIащ артистыр.
 Мыдрейм   зэуэ и жьэр Iурыхуащ, плъэри: зэпсалъэм и гупэр… нэщIт, рулыр нэгъуэщI лъэныкъуэмкIэ щыIэт!
Зиновий, тIэкIу зиIэжьэри, иужьрей удыныр иридзащ жиIэнури ищIэнури имыщIэжу къэуIэбжьам:
- Сэ тIэкIу сыщеIубахэм деж, тIасэ, рулыр си щхьэгъусэм ест  си хабзэщ!
                     ПщIэмрэ гуапэмрэ
КъакIуэ-накIуэхэм зырытрагъэхьэулеикIыр хуабжьу зи жагъуэ франджы сурэтыщI Домье  Оноре езыр щылажьэ пэшым и бжэм тритхат: «Си деж къыщIыхьэм пщIэшхуэ къысхуещI, ауэ къыщIэмыхьэм къысхуимыщIа щыIэкъым: си гуапэ дыдэ къещI».
                         СыбгъэгуфIащ!
«Трубадур» оперэр  тхын иуха иужь композитор Верди Джузеппе макъамэ критик  цIэрыIуэ гуэр къриджэри, абы щыщ пычыгъуэхэм иригъэдэIуащ, итIанэ еупщIащ къызэрыщыхъуамкIэ. Модрейм жиIащ зэхиха псори игу зэрыримыхьар икIи мыхьэнэншэу къызэрилъытэр.
Верди къыщылъэтри, абы IэплIэ хуищIащ, и гуапэ къызэрищIар къигъэлъагъуэу:
- Сыту хуабжьу сыбгъэгуфIа! Уэ уигу щримыхькIэ къызэхъулIащ: адрей псоми я псэм дыхьэнущ!

 

Поделиться: