Тулэ щащIа пряникыр, оренбург цы IэлъэщIыр, адыгэ кхъуейр, кърым шагъырыр – урысей хэгъэгу куэдым дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ къызэрыщыщIагъэкIыр зым и дежкIи щэхукъым. Иджы лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ я фIыгъэкIэ апхуэдэ дамыгъэхэр (брендхэр) утыку нэхъ инхэм ихьэнущ.
«Хьэрычэт Iуэху цIыкIумрэ ику итымрэ», «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» проектхэм я фIыгъэкIэ хэгъэгухэр зэгухьэурэ федеральнэ щIыналъэхэм къыщыщIагъэкI, щащI, щагъэкIхэр бренд щхьэхуэу къэрал кIуэцI, къэрал щIыб сатум хыхьэнущ. Мы мазэм ирагъэжьэнущ Кавказ Ищхъэрэм и ерыскъыхэмрэ хьэпшыпэмрэ я фIагъым и дамыгъэ телъыджэ - «Кавказым щащIащ» урысей маркэр. СыткIэ сэбэп хъуну ар ди щIыналъэм щылажьэ хьэрычэтыщIэхэм я дежкIэ?
«Кавказым щащIащ» урысей маркэм и къызэгъэпэщакIуэ Гуц Дианэ зэрыжиIэмкIэ, «бренд»-р ди гъащIэм апхуэдизкIэ куэду къыхыхьащи, ар зымыщIэ, езым и бренд иIэжыну щIэмыхъуэпс зыри щыIэкъым.
Иджыпсту хьэпшып гупыр е ерыскъы гупыр зы сату маркэкIэ зэрапх. Апхуэдэу нэхъ тыншщ сату утыкум уихьэну, укъацIыхунымкIи ар сэбэпщ. Урысейм иIэщ «Удмуртием щащIащ», «Юграм щащIащ», «Алтайм щащIащ» маркэхэр. Апхуэдэ зы маркэм щIэт хьэпшыпыр е ерыскъыр зэрыфIым, зэрыкъабзэм щыхьэт тохъуэ цIэ хэха зэриIэр.
Иджы Кавказым щагъэхьэзыра хьэпшыпыр, ерыскъыхэкIыр «Кавказым щащIащ» дамыгъэр тету къыдэкIмэ, цIыхухэм къагурыIуэнущ ар ди лъахэм къызэрыщагъэкIыр, къызэрыщыщIагъэкIыр икIи фIагъым и дамыгъэ нэсу къалъытэнурэ къащэхуну нэхъ дзыхь ящIынущ.
А хьэпшыпхэм е ерыскъыхэм я сертификатыр «Роскачество»-м къаритыну аращ. Мыбы ди хэгъэгур нэхъ цIэрыIуэ зэрищIынум и мызакъуэу, фIагъым и шэсыпIэ нэс хъунущ. КъищынэмыщIауэ, ди лъахэм щащIхэмрэ къыщыщIагъэкIхэмрэ хэдгъэхъуэфынущ зэтщэнухэр нэхъыбэ къэхъумэ. Мы дамыгъэр къэзыщтэ хьэрычэтыщIэр реестр щхьэхуэм хагъэхьэнурэ хуэгъэкIуатэ гуэрхэр яIэу лэжьэнущ.
«Зыужьыныгъэм хуэкIуэ зы лъагъуэщ фIамыгъым и дамыгъэу къыхалъхьар. Абы щIыпIэ хьэрычэт Iуэхур ипэкIэ игъэкIуэтэнущ. Кавказыр игъащIэ лъандэрэ и ерыскъыхэмкIэ и хьэщIэ егъэблэгъэкIэмрэ гъэхьэщIэкIэмкIэ цIэрыIуэщ. Иджыпстуи фIагъ лъагэ зиIэ шхыныгъуэ, псы зэмылIэужьыгъухэр къыщыщIагъэкI. А псори экологие и лъэныкъуэкIэ зыхуэдэ щымыIэу къабзэщ. Ди гуапэу Урысей псом я пащхьэ итлъхьэнущ фIагъ лъагэ зиIэ ерыскъыхэкIхэр, апхуэдэ щIыкIэкIэ, ди хьэрычэтыщIэхэм дадэIэпыкъунущ», - жеIэ «Кавказ.РФ»-м и генеральнэ унафэщI Юмшанов Андрей.
Кавказым къыщыщIагъэкIхэр псори ерыскъы хьэлэлщ икIи «щхъуантIэщ» - экологие и лъэныкъуэкIэ къабзэщ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм апхуэдэ ерыскъыхэкI къыщIэзыгъэкI, мы маркэр къэзыщта IуэхущIапIитху итщ, щыр - Ставрополь, тIур Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ. Иджыпсту IуэхущIапIи 111-р а Iуэхум иужь итщ. Абыхэм я нэхъыбэр ерыскъы къыщIэзыгъэкIхэращ, ауэ узыншагъэр хъумэным, IэнатIэхэм епхахэри яхэтщ.
«Кавказым щащIащ» дамыгъэр зытетыр нэхъыфIу ящэнымкIэ «Роскачество»-р дэIэпыкъуэгъу хъунущ. Абы нэмыщIу, а дамыгъэр зыIэрагъэхьэну хуейуэ зи дэфтэр зытахэм я хьэрычэт Iуэхур нэхъыфI, тынш хъунущ, къэпщытэныгъэ лей хэмыту ягъэлэжьэнущ, апхуэдэуи Урысей Федерацэм и Правительствэм и Саугъэтыр зыIэрагъэхьэнымкIэ зэпеуэм хэтыну Iэмал яIэнущ, жыпIэнурамэ, IуэхущIапIэм лэжьэкIэм зезыгъэужьыну щыIэ псори къыхуэгъэсэбэпынущ.
КъызэгъэпэщакIуэхэр набдзэгубдзаплъэу зи ужь итхэм ящыщщ «Кавказым щащIащ» урысей маркэм щIэупщIэ иIэу, дэбгъуэн хэмыту, хабзэкIэ щIэгъэбыдауэ зэтрагъэпсыхьыныр.
ХьэрычэтыщIэм апхуэдэ дамыгъэр къигъэсэбэпу щытмэ, дзыхь хуэпщI зэрыхъунур къегъэлъагъуэ, апхуэдэуи гугъуехь хэмыту Урысейм и къалэшхуэхэм дэт сату щIыпIэ нэхъ инхэм я IэрыкIыр щащэну Iэмал къарет. Ар хьэрычэтыщIэ Iуэху нэхъ иныр ику итымрэ цIыкIумрэ зэрыдэIэпыкъу зы хэкIыпIэу къигупсысащ къэралым.
Гуц Дианэ зэрыжиIэмкIэ, мыпхуэдэ гупсысэм ар хуэкIуащ 2019 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щекIуэкIа хьэрычэт-форумым иужькIэ. «Абы щыгъуэ къызгурыIуащ хьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIухэмрэ езыхэм я уней хьэрычэт Iуэху зиIэхэмрэ сайт къудей зэрамыгъэлъажьэр, социальнэ сетхэм зэримытыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къыщIагъэкIыр зыхуэдэр зыми зэримыщIэ», - жеIэ Гуц.
Брендым и къызэгъэпэщакIуэхэм къалэн зыщащIыж маркетингым епха лэжьыгъэхэр, хьэпшыпым трагъэуэну дамыгъэхэри зралъхьэнухэри гъэхьэзырыныр, къищынэмыщIауэ, къыщIагъэкIар гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ зэхыхьэ щхьэпэхэмрэ утыку къыщрахьэну. Абы щхьэкIэ зэгурыIуэныгъэ епщIылIэн хуейуэ аращ.
Псоми зэращIэщи, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм дэтхэнэми IэщIагъэ зырыз яIэщ, ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкIыу. Мис апхуэдэ IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэри хабзэм къызэригъэувым тету яхуэщэнущ, зыри пэрыуэгъу къахуэмыхъуу. Щхьэж и лэжьыгъэр и гъунэгъухэм, цIыхугъэхэмрэ фIэкIа хуемыщэмэ, тыкуэн иIэу абы щIимылъхьэфмэ, хьэрычэтыщIэу къэралым щатхауэ щымытмэ, фейдэ къыпэкIуэркъым IэпщIэлъэпщIагъэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъ щэнхабзэр хъума хъунымкIэ, хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIи сэбэпщ мы проектыр.
Гуц Дианэ зэрыжиIамкIэ, «Кавказым щащIащ» брендым и дамыгъэм и теплъэр къыхахын папщIэ зэпеуэ къызэрагъэпэщри, нэхъыфIу къалъытэ лэжьыгъэхэм ящыщ зым къытеувыIащ. Дамыгъэр пхъэм къыхэпIущIыкIыфу, гъущIым тебдзэфу, щэкIым щыхэбдыкIыфу щытын, а псом къищынэмыщIауэ, Кавказ Ищхъэрэм и шыфэлIыфэр къигъэлъэгъуэн хуейт, дэтхэнэ щIыналъэми и щыIэкIэ-псэукIэм хуэкIуэу. Ахэр псори къызыхуэтыншэу къызэрагъэпэщри, IуэхумкIэ сэбэп хъуну къулыкъущIапIэхэм зыпащIащ, зэдэлэжьэну зэгурыIуащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, брендыр иджы щыщIэдзауэ долажьэ Урысей Федерацэм и Сату-промышленнэ палатэм, «Мой бизенс» центрым, экономикэ зэхыхьэ инхэм хэтщ, къэралри къыдоIэпыкъу, «Международная кооперация и экспорт» лъэпкъ проектыр къегъэсэбэп, «Экспортер года», «Социальный предприниматель года» урысейпсо зэхьэзэхуэхэм зи зэфIэкI щызыгъэлъагъуэ хьэрычэтыщIэхэм яхоплъэ, йопсалъэ.
«Мы Iуэхум икъукIэ фейдэшхуэ къыпэкIуэу зебгъэужьыфынущ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, етIанэгъэ гъэмахуэм ди мурадщ Кавказ Ищхъэрэм щащIхэмрэ къыщыщIагъэкIхэмрэ щагъэлъагъуэ шоурум Дубай къыщызэдгъэпэщыну. Абдеж дуней псом щынэхъ лъэрызехьэ хьэрычэтыщIэхэм нэхъ дыкъыщацIыхунущ, зэдэлэжьэнри щызэтебублэфынущ, - къыпещэ Дианэ. – Дэ дыхуейщ хьэрычэт Iуэхум гурэ псэкIэ пэрыт, фIагъ зиIэ продукцэ къыщIэзыгъэкIхэр зэхуэтшэсыну, Кавказым и «напэу» къалъытэу, утемукIытыхьу икIи утемыгузэвыхьу урысейпсо, дунейпсо утыку ипшэ хъунухэм. Дэ апхуэдэхэр адэкIэ тхуэгъэкIуэтэнущ».
«Роскачество»-мрэ «Кавказ. РФ»-мрэ зэдаубла Iуэхум къыпэкIуэнур аращи, мазэ къакIуэ щыщIэдзауэ хьэзыр хъунущи, ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми я тыкуэнхэм дяпэкIэ фыщрихьэлIэнущ «Кавказым щащIащ» дамыгъэр зытет ерыскъы IэфIхэмрэ хьэпшып дахэхэмрэ.
НэщIэпыджэ Замирэ.