IуэрыIуатэр и лъабжьэу

«Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм щаухуа галереем щагъэлъагъуэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, скульптор цIэрыIуэ Тхьэзэплъыж Руслан и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса «Мифы предков» выставкэр. 

Пасэрей Iэмалхэр, Iэмэпсымэхэр къыщыгъэсэбэпа лэжьыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа художникым иджырей гъуазджэмкIэ адыгэ щэнхабзэм дыхегъаплъэ. Дапщэщи хуэдэу, скульпторым и лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуар лъэпкъ Iуэ­рыIуатэмрэ хабзэмрэщ. 
- Зэпымыууэ лъэпкъым и блэкIам, и тхыдэм, IуэрыIуатэм, археологием зыхудогъазэ, - жиIащ Тхьэзэплъыж Руслан. – Лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм си лэжьыгъэхэм увыпIэфI щаубыд!
Абы и IэдакъэщIэкIхэм еплъахэм жаIэ Тхьэзэплъыжым и лэжьыгъэхэр Кавказ Ищхъэрэм къыщагъуэта пасэрей хьэп­шыпхэм зэрыпэджэжыр. IэпщIэлъапщIэм утыку кърихьащ Ашэмэз, Лъэпщ, Сосрыкъуэ, нэгъуэщI нарт лIыхъужьхэм,  я теплъэхэр, лъэпкъ дамыгъэхэр. Скульптурэхэм лъэпкъ Iуэры­Iуатэм, блэкIам и дунейм ухашэ.
Тхьэзэплъыж Руслан фIыщIэ яхуищIащ псалъэ гуапэ къыхужызыIахэмрэ Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIхэмрэ. Мы лэжьыгъэхэр гъунэгъу республикэхэми щагъэлъэгъуэнущ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться: