Узэкъуэтмэщ ущылъэщыр

Щэбэт кIуам ди къэралым цIыхуу исыр
зыгъэ пIейтея Iуэхугъуэм мамыру кIэ зэри-
гъуэтам щымыгуфIыкIа щыIэу къы щIэ-
кIынкъым. Мэремым и жэщым къызэ-
рыIэта дзэлI гупыр Дон Iус Ростов и уэрам-
хэм къы щыдыхьэм, Москва кIуэуэ дзэ
Iуэхухэр зэхагъэкIыну хъыбар къыщыIум
Урысей Федерацэм и Президент Путин
Владимир занщIэу цIыхубэм захуигъэзащ
епцIыжакIуэхэм я лъэныкъуэр къамыщ-
тэну, къэралыр бэлыхь хэзыдзэнкIэ
хъуну лъэбакъуэ ямычыну, зыкъэзыIэта-
хэм мыгувэу жэуап ткIий зэрахьынур
жиIэу.
ХЭКУМ мамыр гъащIэр, шынагъуэнша-
гъэр, цIыхухэм я хуитыныгъэр хъума щыхъун
папщIэ Президентым жиIа псалъэхэр даIы-
гъыу куэд утыкум къыщыпсэлъащ а махуэм.
Абыхэм ящыщт Кавказ Ищхъэрэ федераль-
нэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм я уна-
фэщI хэри.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэ-
тащ хьэ КIуэкIуэ Казбеки Урысейм и Прези-
дентым, Главнокомандующэ Нэхъыщхьэм и
псалъэхэмрэ гупсысэмрэ диIыгъыу щIына-
лъэм исхэм захуигъэзащ. Абы жиIащ къэрал
Iэтащхьэм и еплъыкIэр IупщIу къызэри-
гъэлъэгъуар, ди республикэр абы зэрителъ-
хьэр. «Зыми иIэкъым апхуэдэ хуитыныгъэ,
ди хэкур яхъумэу, ди щIэблэм я къэкIуэнум
щIэзэууэ зи псэр зытахэм я цIэхэр фIейм
халъ хьэну. Быдэу си фIэщ мэхъу мы
зэрыхьзэрийр икIэщIыпIэкIэ зэриухынур,
абы Президентым унафэ зэрытрищIы хьы-
фынур», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. ИкIи ды-
щIигъуащ ди республикэм щытыкIэр зэры-
щызэпIэзырытыр, хабзэр къызэпызыуд
щымыIэу абы и хъумакIуэхэм псори я нэIэ
зэрыщIэтыр.
КIуэкIуэ Казбек ди цIыхухэр къыхуриджащ
къэрал УнафэщIым и Iуэху еплъыкIэр даIы-
гъыну.
Урысей Федерацэм и Президентымрэ абы
къуэтхэмрэ зэрыжаIам хуэдэуи зэфIэкIащ
Iуэхур, зэпэщIэувэныгъэ къэмыхъуу.
Зэпсэлъэныгъэм лъыгъажэм къригъэлащ
ди хэкур икIи иджыри зэ наIуэ тщыхъуащ
къэрал унафэщIхэмрэ цIыхубэмрэ я зэхуаку
зэкъуэтыныгъэ ин зэрыдэлъыр.

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться:

Читать также:

11.05.2024 - 16:22 ЩIыхьыцIэм и щIыхькIэ
11.05.2024 - 15:33 Дунейм и нэху
11.05.2024 - 11:18 Дунейм и нэху
10.05.2024 - 17:20 Ветераным и щIыхькIэ