КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къурмэн Хьидым хуэгъэза и хъуэхъу

Къурмэн Хьид махуэ лъапIэмкIэ гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу. Мы махуэшхуэм псэкупсэ мыхьэнэ куу иIэщ уэ пхуэдэ цIыхур фIыуэ плъагъуным, захуагъэм, псэ къабзагъэм, пщIэрэ нэмысрэ уи зэхуаку дэлъу узэдэпсэуным укъыхуигъэушу. Зэи мыкIуэдыжыну а цIыхугъэм и хабзэхэм лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралышхуэм щыпсэухэр быдэу зэрапх, ди зэкъуэтыныгъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ къару лъэщ хуохъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм ижь-ижьыж лъандэрэ яхъумэ я нэхъыжьхэм къыбгъэдаха хабзэхэмрэ зэхэтыкIэмрэ. Республикэм щызекIуэ дэтхэнэ динми хуэдэу, КъБР-м и муслъымэн Iумэтыр жыджэру хэтщ щIыналъэм и гъащIэм, цIыхубэр щIэныгъэм зегъэубгъуным, псапэ щIэным, узэщIыныгъэм хуэунэтIауэ псэуным къыхуриджэу, унагъуэмрэ абы щызекIуэ гъэсэныгъэ хабзэмрэ къыдэкIуэтей щIэблэм лъэIэсын папщIи, лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI.
Шэч къытесхьэркъым къэкIуэну дахэм хуэунэтIа а къалэн лъапIэм и уасэр цIыхубэми зэрызэхищIыкIынум.
Мы махуэшхуэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу дэтхэнэ зыми узыншагъэ быдэ, фIыгъуэрэ ефIэкIуэныгъэрэ иIэну сохъуэхъу.

Поделиться: