Дэнэ и деж сабийм и зэфIэкIыр къыщежьэр?

 

                Школым зи бын щIэзыгъэтIысхьэну къызыпэщылъ адэ-анэм сабий къэс езым щхьэхуэу иIэж зыужьыкIэмрэ псэ псыхьыкIэмрэ зэхэгъэкIынырщ нэхъ зэлIэлIапхъэр, еджапIэм щыщIэтIысхьэн хуей ныбжьу психологхэм къагъэув мардэхэр, езыхэм я набдзэгубдзаплъагъэр щIыгъужу, Iуэхум къыхэлъытауэ. 

Сэ къызэрысщыхъумкIэ, школым кIуэным сабийр хуэхьэзыр-хуэмыхьэзырым игъэпIейтей адэ-анэхэр гупитIу егуэш. Япэхэм, школым хуэгъэхьэзырыным щегупсыскIэ, нэхъыщхьэу къалъытэр еджэнырщ, тхэнырщ, бжэнырщ, кIэщIу жыпIэмэ, я губзыгъагъэрщ. Адрейхэр нэхъ зыгъэгузавэр я псэкупсэм, щхьэ куцIым я зыужьыныгъэрщ.

         Иджыри нэгъуэщI гупитI щыIэщ. Языныкъуэхэм илъэсий хъу сабийм школыр зэшыгъуэ къыщыхъуну, адрейхэм – илъэсихрэ ныкъуэрэ фIэкIа мыхъум къытехьэлъэну  къалъытэ. Хэт захуэр? Жэуапыр къызэрыгуэкIщ. Адэ-анэхэр захуэщ – ахэращ зи бынымкIэ жэуап зыхьыр. Сыт хуэдэ унафэм фыкъытеувыIэми пэжынущ, фIыуэ фегупсысауэ Iуэхум фыбгъэдыхьэмэ.

         Сабийм и щхьэ Iуэху дигъэкIыжыфрэ? Мис мы упщIэм и жэуапыр нэхъыщхьэщ сабийм хьэрфхэмрэ бжыгъэхэмрэ ицIыху-имыцIыхум нэхърэ. Вакъэ лейр езым зыщитIэгъэфрэ? Уэрамым зэрыдэт вакъэр сумкэхм иригъэзэгъэжыфрэ? Классым къыщIэкIа иужькIэ ар тыншу къигъуэтыжыфрэ? ЗыгуэркIэ гъуэщамэ, мышынэу, мыукIытэу, мыгъыу здэкIуэнум щIэупщIэфыну, н. къ.?    

КъыщыщIэддзэнщ сабий садым и деж. Сыт абы и къалэн нэхъыщхьэр? ДжэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ дунейм и дахагъэр зыхегъэщIэнырщ, зы Iуэху гуэрым бгъэдэсыфу, цIыху хэтыкIэ ищIэу, гулъытэ иIэу, щэныфIэу гъэсэнырщ. Зи школ кIуэгъуэ хъуам ищIэн хуейр фIэгъэщIэгъуэнхэм я закъуэкъым, фIэзэшыгъуэхэми зэман хухихыфыпхъэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, «сщIэн хуейщи, сощIэ!» гупсысэм еувэлIауэ щытын хуейщ.  Мис аращ школым зэрыхуэхьэзырыр нэхъыбэу къозыгъащIэри.

Сабий садым кIуа сабийхэр дерсхэм нэхъ щIэсыфми, зи адэшхуэ-анэшхуэм бгъэдэсахэр еджэныгъэм нэхъ къыщыкIэрыхуну абы къикIыркъым. Пэжщ, я зэтеубыдэкIэкIэ ахэр нэгъуэщIщ, ауэ сабийм гулъытэу игъуэтаращ нэхъыбэу Iуэхур зэлъытар. Зы зэманкIэ нэхъыжьхэм къыжраIэм едэIуэфу, зыгуригъаIуэу, темыплъэкъукIыу есамэ, тIэкIу гугъу дехьми, школ программэр къыхуэщтэнущ.

Школым мыкIуэ щIыкIэ сабийм епта щIэныгъэр абы и ехъулIэныгъэм и хэкIыпIэкъым. Нэхъыщхьэр еджэныгъэм псэкIэ зэрыхуэхьэзырымрэ щIэ гуэрхэр къищIэну зэрыхуеймрэщ. Илъэс къэс школхэм щIотIысхьэ зыгуэр зыщIэхэри хьэрф зымыцIыхухэри, Iэсэлъасэхэри дрийпсрийхэри, егъэджакIуэм жиIэр зэхэзыххэри мыдэIуэфу ар гугъу езыгъэхьхэри. Апхуэдэм деж нэхъыщхьэр сабийм и зэфIэкIыр адэ-анэм я фIэщ хъунырщ. Къэпщытэни, егъэджэни, гъэсэни, ущиини хуейщ, ауэ зым дежи щебгъэлей хъунукъым. Зэман кIыхькIэ ебгъэзэшауэ ебгъэджэнкIэ, абы къаруушхуэ зэрытригъэкIуадэр зыщыбгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым. 

Школым щIэтIысхьагъащIэ сабийхэр нэхъ дэзыхьэхыр джэгунырщ. Абы къыхэкIыу, егъэджэныгъэр губзыгъэу, джэгукIэ щIыкIэм тету къызэбгъэпэщмэ, сабийр зыхуэныкъуэ псори бгъэдэплъхьэфынущ.

Зи гугъу тщIахэр зыхуэкIуэр зи ныбжьыр илъэси 7-8-м ит, ику иту зызыужь сабий узыншэхэрщ. Унагъуэ Iэсэлъасэм къыщыхъу, псэкIэ, IэпкълъэпкъкIэ сымаджагъэ зимыIэ сабийм школ программэр къыхуэщтэнущ, шэч хэмылъу. ПсынщIэу къэзыпхъуэтэни гугъу узыдехьын хуеи къахэкIми.

Ауэ апхуэдэ сабий къэлъыхъуэн щыхуей зэманщ дызыхэпсэукIыр. Япэ классым кIуэ цIыкIухэм ящыщ куэдым планшетхэр, жып телефонхэр яIэщ, аращ я гупсысэр кIэщIу, тхыгъэ кIыхьхэм емылэжьыфу щIыщытыр. ЕгъэджэныгъэмкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунеймкIэ дерсхэр къащIытехьэлъэри мис аращ. Хъыдан жарумэм къызэрыкIуэцIыкIыу  компьютер джэгукIэхэм зэрыдрагъэхьэхым, таурыхьхэм зэрырагъэплъым къыхокI я псэлъэкIэм дерт иIэныр, я гупсысэр яхузэкIэлъымыхьыныр.  

Адэ-анэм яхуэгъэза «фымыщIэу» 7-р гъэщIэгъуэнщ икIи ар дэтхэнэ зыми къыхуэщхьэпэну къысщохъу, хуэгъэзащIэ закъуэмэ. КъребжэкI: и ныкъусаныгъэхэм фытемыпсэлъыхь, хэвмыгъэзыхь, фемыгие, фемыхъурджауэ, фымыгъэпIащIэ, фемыныкъуэкъу, евмыудых. Абыхэм къашэм я гугъу тщIынкъым, зыри фIы зэрыхэмылъыр гурыIуэгъуэщи.

Языныкъуэ егъэджакIуэхэм (тIэкIу узэIэбэкIыжмэ) яфIэфIу щытакъым еджэкIэ-тхэкIэ зыщIэ сабийхэр къащтагъащIэ классым щыщIэсым и деж. Абыхэм уадэлажьэу зымыщIэIахэр къэбгъанэ зэрымыхъум къыхэкIыу, япэхэм дерсыр зэшыгъуэ ящыхъуу, «ар дощIэ дэ» жыхуаIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм игъэжакъуэурэ адрейхэм къащыкIэрыху щыIэу къалъытэ. ТхэкIэ ебгъащIэу яфIэфIыххэтэкъым, хьэрфхэм я тхыкIэ пэжым ахэр тебгъэхьэжыну зэрыгугъур егъэджакIуэхэм нэхъ ящIэ.

Иджы щыIэхэм я нэхъыбэм тхэкIэ-еджэкIэ зыщIэхэр нэхъ къащтэ, нэхъ тыншу уадэлажьэу къазэрыщыхъум къыхэкIыу. Ауэ пщIэрэ щхьэрэ зиIэ зы егъэджакIуэм къызжиIам нэхъ Iуэху еплъыкIэ губзыгъэ срихьэлIакъым: «Хьэрфхэр яцIыхумэ, тхэкIэ-еджэкIэ ящIэмэ фIы къыщIэкIынщ, ауэ си щхьэкIэ нэхъ къэсщтэнущ си классым зэхуэдэу сызыдэлэжьэфын сабийхэр щIэсмэ – е псоми ящIэу, е псоми ямыщIэу. ЖысIэм арэзы къытемыхъуэн егъэджакIуи адэ-ани щыIэну къыщIэкIынщ, ауэ гугъущ куэдкIэ зэщхьэщыкI сабийхэм зэгъусэу уадэлэжьэну».   

Псори зэгупсысын хуейщ, зэпэлъытыпхъэщ, акъылым щызэгъэзэхуэгъуейщ. Абы щыгъуэми, псом нэхърэ нэхъыщхьэр, ищхьэмкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, сабийм и узыншагъэрщ, и псэ купсэрщ, и псантхуэрщ. Аращи, зэрыхъукIэ фи быныр вгъафIэ, жиIэм гупсэхуу федаIуэ, ищIэ псор зэрыффIэгъэщIэгъуэныр зыхевгъащIэ, щытхъу псалъэхэм фыщымысхь, шыIэ зыхэвгъэлъ, и упщIэхэм я жэуапхэр кIэщIу икIи гурыIуэгъуафIэу вгъэпс, сабийр фIэфIу зыпэрыт Iуэхур сыт хуэдизкIи хуэвгъэщIагъуэ, фыдэгушыIэ, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ фыдэджэгу. Иджыри куэд дыдэ къыпхуебжэкIынущ адэ-анэмрэ сабиймрэ зэпэгъунэгъу ищIу. ЖызыIэни щыIэнщ дэнэ апхуэдэ зэман, хущIыхьэгъуэ здэщыIэр, жаIэу. Ауэ къыдгурыIуэн хуейщ: бынымрэ ар къэзылъхуахэмрэ я зэхуаку зэгурымыIуэныгъэ, зэныкъуэкъу дэлъынукъым ахэр зэныбжьэгъухэм хуэдэу зэпсэлъэфу, Iуэху зэдащIэфу щытмэ.

ЩIэблэ узыншэ къызыщIэхъуэн лъэпкъ адыгэр дыхъуну!        

ИСТЭПАН Залинэ.

 

 

 

Поделиться: