Налшык щекIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм Жылагъуэ Iуэхум зыщIэгъэкъуэнымкIэ и советым и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Правительствэм и вице-премьер Хъубий Марат.
Зэхуэсым хэтащ лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ министр Асанов Алим, УФ-м и Правительствэм ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и советым и къудамэм и унафэщI Береговая Еленэ, КъБР-м сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэ Лъынэ Светланэ сымэ, министерствэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэр теухуат 2024 гъэр къэмыс щIыкIэ, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыщхьэщымытыжхэмрэ якIэлъыплъ зэгухьэныгъэ псори зы унафэм зэрыщIагъэувэнум. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэм я нэIэ щIэтщ республикэм щыщу сабий 1269-рэ, абыхэм ящыщу 105-р унэ хэхахэм щопсэу.
Хъубий Марат къыхигъэщащ а къудамэм щылажьэ IуэхущIапIэ псори зэгъэуIун мурадыр лэжьыгъэр ипэкIэ зыгъэкIуэтэну лъэбакъуэу зэрыщытыр. «Гъуэгу картэм» ипкъ иткIэ, зэхъуэкIыныгъэхэр 2023 гъэр имыух щIыкIэ зэфIэкIынущ.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз жиIащ школ-интернат №5-м «Адэ-анэ зыщхьэщымытыж, зеиншэ хъуа сабийхэм якIэлъыплъынымкIэ центр» цIэр зэрихьэу IуэхущIапIэ къызэрыщызэ-рагъэпэщынур. Абы къызэщIиубыдэнущ мы лъэныкъуэм щылажьэ къудамэ псоми я лэжьыгъэр. Иджыри къэс щымыIауэ ягъэхьэзырынущ интернатым щIэс сабийхэмрэ къыщIэкIахэмрэ якIэлъыплъыну IэщIагъэлIхэр, унагъуэ-гъэсакIуэ гупхэр, сабийхэр зеиншэу къэмынэным ехьэлIа Iуэхухэр щрагъэкIуэкIынущ, ныбжьыщIэхэр я закъуэу псэуфу, жылагъуэ гъащIэм хэзэгъэфу ирагъэсэнущ. КъинэмыщIауэ, центрыр дэлэжьэнущ сабий япIыну къэзыщтэ адэ-анэхэм, ныбжьыщIэхэм хабзэкIэ къащыщхьэщыжынущ. Курыт щIэныгъэм нэмыщI, IуэхущIапIэм сабийхэр щыхурагъэджэнущ иджыри IэщIагъэ 13-м.
Береговая Еленэ фIыуэ къилъытащ сабийхэр унагъуэм ещхьу ягъэпсэуну зэрамурадыр. ЗэхъуэкIыныгъэхэр щхьэпэ хъунущ къэралым сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыщхьэщымытыжхэмрэ яхуищIэр нэхъ тыншу икIи нэхъ псынщIэу яIэрыхьэнымкIэ, я ныбжьым елъытауэ, абыхэм щыпсэухэм IуэхущIапIэхэр яхъуэжын хуей хъунукъым.