Ар пэжу пIэрэ?

 

 Газет зыбжанэм къытрадзащ цIыхум чэф  къыпкърызымыгъэхьэ хущхъуэгъуэ къызэрагупсысам теухуа хъыбар. Пшахъуэм хуэдэу щабэ ар псым хакIутэри, ираф. ИтIанэ сыт хуэдэ ьфадэри шынагъуэжкъым: я къарур щIэкIыркъым, я акъылыр утхъуэркъым, жаIэр ящIэжу икIи узыкIэлъыплъыжу гупым яхэсщ. ЦIыхум и гушыIэр жанщ, ауэ иригъэлейркъым, Iуэху псори  зэпешэчыф.

 Ар хуабжьу сэбэп къыпхуэхъунущ хьэщIапIэ укIуамэ е хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэ убгъэдэсмэ, абы къыдэкIуэуи унэхъыжьу ефэ-ешхэр ебгъэкIуэкIыну къыпхуихуамэ. Езы хущхъуэр зыкIи зэранкъым.

 Мыхьэнэшхуэ иIэщ и щхьэр мыузу пщэдджыжьым къызэрыушми. «Зигъэхъужын» папщIэ абы фадэ къилъыхъуэнукъым. Хущхъуэр къэзыгупсысахэм ящыщ, Москва и физико-техникэ институтым технологие лъагэхэмкIэ и школым и магистрант Иващенкэ Илья и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, «чэфым и бий» хущхъуэр  псым, шейм,  кофем, нэгъуэщIхэм хэпкIутэн хуэдэу щабэу къыщIагъэкIынущ икIи сэмб цIыкIухэм якIуэцIыкIутауэ ящэнущ. Зы сэмбым тумэнищ уасэу хуагъэувыну я мурадщ. Къыщыпщэху хъунущ тыкуэнхэм, ефапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм.

Поделиться: