Ныкъуэдыкъуэхэм къащхьэщож

УФ-м и Къэрал Думэм мэ­къуа­уэгъуэм и 18-м иригъэ­кIуэкIа зэIущIэм етIуанэ еджэ­гъуэу къыщащтащ япэ гупым хыхьэ ны­къуэ­ды­къуэ­хэу гъуэгупщIэр зэратам щы­хьэт щыхьэт техъуэ билет зы­мыIыгъхэр транспортым залымыгъэкIэ кърагъэкIыну хуит зымыщI унафэ.

Автомобиль транспортымкIэ, щIылъэм тет къалэ транспортымкIэ щыIэ хабзэм 20-нэ статьяр щIагъужыну къыхалъхьэ. Абы хуит ищIыркъым ­гъусэ зимыIэ икIи гъуэ­гупщIэр зытын зымыдэ, япэ гупым хыхьэ ныкъуэдыкъуэхэр жылагъуэ транспортым залымыгъэ­кIэ кърагъэкIыну. Иджыпсту щыIэ хабзэмкIэ билет зымы­Iыгъхэу илъэс 16 нэхърэ нэхъы­щIэхэрщ транспортым къибгъэкIыну узыхуимытыр. 
«Гъусэ зимыIэ апхуэдэ цIыху­хэр дэIэпыкъуэгъуншэу я за­къуэу утыку къонэ. Фи нэгу къы­щIэвгъэхьэт абы къыхахынкIэ хъуну бампIэузыр. Абы ипкъ иткIэ, дэ къэтщта унафэм и фIыгъэкIэ ахэр щытыкIэ гугъу ихуэнукъым», - къыхигъэщащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолэ а Iуэхум теухуауэ «Рос­сийская газета»-м и журналистым щепсалъэм. Апхуэдэу депутатым къигъэ­лъэгъуащ унафэр жылагъуэ транспортымкIэ къэзыкIухь ныкъуэдыкъуэхэм я пщIэр хъумэ­ным хуэунэтIауэ зэрыщытыр. 
Унафэм къару игъуэтынущ 2024 гъэм и фокIадэ мазэм.

Поделиться: