Ныбжьэгъу нэсым хуэдэщ шыфIыр

Адыгэхэм «шы» псалъэм «къуэш» мыхьэнэмрэ ныбжьэгъуфIу зэпы­мыууэ къадэгъуэгурыкIуа псэущхьэ дахэмрэ къызэрызэщIрагъэубыдам, шэч хэмылъу, къегъэлъагъуэ лъэп­къым абы хуищI пщIэр ину зэры­щытар. ЗэрытщIэщи, адыгэшыр и бэшэчагъымкIэ адрейхэм къахэщу ижь-ижьыж лъандэрэ къогъуэгу­рыкIуэ. Лъэпкъым и ехъулIэныгъэхэм щыщуи къэплъытэ хъунущ гъуэгуанэ кIыхь зэпызычыф зекIуэш телъы­джэхэр къызэригъэщIыфар. Ахэр къэралми дуней псоми цIэрыIуэ щыхъуащ, тхыдэм хэлъхьэныгъэшхуэ ­хуэзыщIащ. 

Иужьрей зэманми шы зехуэным гулъытэ зэригъуэтыжар нэрылъагъущ, щIалэгъуалэрщ нэхъыбэуи а Iуэхум елэжьыр. Пасэм шыр зауэлIым ныб­жьэгъу пэжу бгъурыту къалэнышхуэ ­игъэзащIэу щытамэ, иджыпстуи ахэр спортым, зекIуэхэм я къару щеблэжыркъым. Налшык къалэм щыIэ «Horse KBR» IуэхущIапIэм шы тесыкIэм сабийхэм деж къыщыщIэдзауэ щыхуагъасэ, гупыж зыщIхэм мэзхэм, бгыхэм шууэ зыщрагъэплъыхь. Апхуэдэ зекIуэхэр ­къохъулIэн щхьэкIэ, Iуэхум хэзыгъэ­гъуа­зэхэр набдзэгубдзаплъэу щытын ­хуейщ. Чыржын Луизэ и теплъэкIэ хъыджэбз гъур цIыкIуми, хуумыгъэфэщэну къарууфI зэрыбгъэдэлъыр дгъэунэхуащ. ЗыгъэпсэхуакIуэхэр шым зэрытесыпхьэр Iэдэбу зэрагуригъаIуэм къыдэкIуэу, шым уанэр телъхьэнми зэщIэкъузэнми ар хуэIэкIуэлъакIуэщ. Абдеж зэры­щы­лажьэрэ мазэм щIигъуа къудейуэ арами, Чыржыным дэтхэнэ шыми бзэ къыхуегъуэт, ягуроIуэ. 
Луизэ зэрыжиIэмкIэ, цIыхухэми хуэ­дэу, шыхэми хьэл зырыз яIэщ: хэти нэхъ бзаджэщ, хэти зэпIэзэрытщ, къуейщIеи къахокI. Мы зэманым абыхэм шипщIым я нэIэ тетщ, хьэрып шы лъэпкъи, инджылыз-къэбэрдеишхэри, адыгэши яIэщ. Модест, Руни, Булат, Къаплъэн, ­Бурак, Дениз, Пепел, Къарэ, Абрэдж, Батыр - шыхэм я цIэхэр щыфIащкIэ, дэтхэнэми и хьэлыр къалъытэу къы­щIэкIынущ. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, Чыржыныр зэры­цIыкIурэ шым тесщ. Гъунэгъум адыгэш куэд зэрихуэрти, хъыджэбзри абы щыгъуэм а псэущхьэм дихьэхат. 
- Шым ущепсалъэкIэ, ущытескIэ гуп­сэ­хугъуэ зыхыбощIэ, зыбогъэпсэху, пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми, нэгъуэщI Iуэхухэр пщогъупщэ. НэгъуэщIу сщIэркъым къызэрысIуэтэнур шыхэм ехьэлIауэ сиIэ гупсысэр, - жеIэ ди псэлъэгъум. - Иджыпсту сызыпэрыхьа лэжьыгъэр ­къохъулIэн папщIэ, дауи, шыр фIыуэ плъагъуныр мащIэщ. Абыхэм я хьэлхэр зэбгъащIэу уагурыIуэфын хуейщ. Шым и плъэкIэм, зыщIыкIэм набдзэгуб­дзаплъэу укIэлъыплъмэ, ар зыхуейр къы­бгуроIуэ. Абы щыгъуэщ шумрэ шымрэ зы щыхъур. ЛэжьапIэм сыкъыщыувым, псом япэу аращ сызыщигъэгъуэзар мы шыхэр зыгъасэ Къазий Батыр. Абы сыкIэлъоплъри, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ хуиIэщ, зэпIэ­зэрыту егъасэ икIи, гу зэрылъыстамкIэ, зэи еуэркъым, тэмакъкIыхьу хуэмурэ ядолажьэ. Мы Iуэхур икIи жэуаплыныгъэ зыпылъщ жысIэмэ, езгъэлейркъым. Сыту жыпIэмэ, махуэ къэс цIыху­хэр шым тыдогъэтIысхьэри къыдошэкI, абыхэм я шынагъуэншагъэм дыкIэ­лъыплъыныр нэхъыщхьэщ. Ди деж къокIуэ Iуэхум хэзыщIыкIхэри шым зэи темысахэри. Ауэ, фэ езым зэрыфлъэ­гъуащи, дишхэм зэи дыкъагъэщIэхъуркъым, ахэр гъэсащ. Пэжыр жысIэнщи, лэжьыгъэ хуэдэу щытми, шыхэр зэ­рысфIэфIым щхьэкIэ мыбдеж зыщызогъэпсэху.
Шым сыт хуэдизу зумыгъасэми, ар псэущхьэщ, убэлэрыгъамэ, зэрызи­щIын­кIэ хъунури къыпхуэщIэнукъым. Апхуэдэ Iуэху ирихьэлIамэ, дыщы­щIэупщIэм, хъыджэбзым къыджиIащ: «Шыр шэщым щIэтыIуамэ, и къару зэ­хуихьэсар здихьын къилъыхъуэу щIидзэ хабзэщ, къомыдэIуэжу къыщижыхьи къохъу. Апхуэдэу лэжьэн щIэздзауэ, зы тхьэмахуитI хуэдэ дэкIауэ арагъэнт, сыхьэтищым тещIыхьа зекIуэ цIыхухэр етшэжьат. Арати, «Бурак» къыщIидзащ дэлъейуэ, нэхъ псынщIэу къижыхьыну, джэгуну хуейуэ. Абы зыхуэзгъэбзаджэу сехъурджэуащ «узукIынущ», жыхуэсIэ щIыкIэу си Iэпэр щыхуэзгъэдалъэм, фи фIэщ зэрыхъун, асыхьэту сабырыжащ. Шумрэ шымрэ псалъэншэу зэрыщIэрт щIыжаIэр апхуэдэ гуэру къыщIэкIынщ. Мыбы сыкъызэрыкIуэрэ, адыгэшым и тхыдэм, къапщтэмэ, шыр зэрагъэхъуу щытам теухуауэ нэхъыбэ къэсщIэну сыхуейуэ сыхъуащ. Псалъэм папщIэ, гъэщIэгъуэнтэкъэ, шыр зейр зауэ губ­гъуэм къринэу ежьэжу зэрыщымытар! Къапщтэмэ, адыгэхэр псэзэпылъхьэпIэ ихуами, я шым папщIэ езыхэми зрагъэукIыфынут. «Адыгэм и ныбэр егъэ­ныкъуэри, и шым и ныбэр екъу» псалъэжьым хуэдэхэм куэд къыбгура­гъаIуэ».
КъэтцIыхуа хъыджэбзыр, къызэры­щIэкIамкIэ, Урысейм каратэмкIэ и гуп къыхэхами хэтщ, уеблэмэ а спорт лIэу­жьыгъуэм зэрысабийрэ ехъулIэныгъэшхуэхэр къыщехь.
- Си сабиигъуэми сыхэтащ спортым. Псом япэ дыдэу сызыхыхьар атлетикэ псынщIэрати, республикэ зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщысхьат. АрщхьэкIэ, къыхэсха Iуэхур унагъуэм къыщыздамыIыгъыу (си адэшхуэм къищынэ­мыщIа) ар къэзгъэнэжын хуей хъуащ, - жеIэ Луизэ. - Илъэс 16 сыхъуа нэужьщ аргуэру сытегушхуэу спортым сыщы­хыхьэжар. Абы щыгъуэм каратэр къы­хэсхауэ, нобэр къыздэсым сфIэфIу сыхэтщ, зэхьэзэхуэхэм си къару сыщоплъыж. 
Чыржыным Налшык спорт IуэхущIапIэхэм и гъэсакIуэ Думэныщ Мурат деж зыщегъасэ. Уеблэмэ и гъэсакIуэр зэи имыхъуэжауэ долажьэ. 2019 гъэм къы­щыщIэдзауэ илъэсищ зэкIэлъыхьэу­жьым Урысейм, Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм щрагъэ­кIуэкIа зэпеуэхэм ар мызэ-мытIэу пашэ щыхъуащ, спортым и мастерым и кандидатщ. 2021 гъэм Москва къалэм каратэмкIэ щекIуэкIа дунейпсо турнирым япэ увыпIэри щы­зыIэригъэхьащ. 
Спорт и лъэныкъуэкIэ хъыджэбзым и мурадхэм ущIэупщIэмэ, ар къэкIуэну илъэсым и дыгъэгъазэм Японием каратэмкIэ щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым текIуэныгъэр къыщихьынырщ, ­къехъулIэмэ, спортсмен ныбжьыщIэхэр игъасэу зэтриублэнырщ. Шыхэм я гугъу щищIкIэ, Чыржыным абыхэми гугъэ­ш­хуэхэр ирепх: шыгъажэхэм хэтыну зы­хуигъэсэну щIохъуэпс. Ди гуапэщ хъыджэбз къарууфIэ цIыкIум и мурадхэр къехъулIэну. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: